главная > жемчужины фольклора

 
«Жэмыр бгым щоху!» - жери, шыдыр гъуэгащ
 

Зэгуэрым жэмымрэ шыдымрэ зэдэхъуакӏуэурэ жэмыр бгыщыхум щхьэщыхьащ. Ар щилъагъум, шыдыр гъуэгыу хуежьащ:

- Жэмыр бгым щоху! - жиӏэу.

- Атӏэ сыт уэ абы щхьэкӏэ ущӏэгъыр? - жаӏэу щеупщӏым:

- Ар иукӏмэ, сэ къыдызагъэхыжынущи аращ, жиӏащ шыдым.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz