главная > жемчужины фольклора

 
Выщӏэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщӏ
 

Лӏы къулейсыз гуэр и фызым бгъэдэсу:

- Етӏанэгъэ жылэм ӏэхъуэу танэ пщыкӏутӏкӏэ сахуежьэнщ. Хыр хъууэ, хыр бзыуэ къайӏысхынщи, танэбзхэр жэм хъунщ, танэхъухэр вы хъунщ, - щыжиӏэм, фызыр къэпсалъэри:

- Кхъыӏэ, а выщӏэхэм си дыщым саригъэкӏуэж! – жиӏащ.

- Сыт жыпӏэ делагъэр! Выщӏэ мыгъасэм гуэбэн ябгъэщӏынуи!? – жиӏэри лӏыр фызым текӏиящ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz