главная > жемчужины фольклора

 
Упсэумэ, сэ схуэдэ ухъунщ, улӏэмэ, мыбы хуэдэ ухъунщ!
 

Лӏыжь набгъэр здэкӏуэм шы щхьэ къупщхьэм игъэлъэпэрапэри джэлащ. Лӏыжьым зыгъэлъэпэрэпа къупщхьэжьыр къищтауэ зэпиӏэбыхьырт. Лӏыжьыр зыгъэлъэпэрэпар щӏалэ гурбиян гуэрым илъагъури:

- Къэпщтамкӏэ сыздэгъэгуашэ, тхьэмадэ! - жиӏащ щӏэнакӏэу.

- Укъысщӏэмынакӏэ, щӏалэ! Упсэумэ, сэ схуэдэ ухънщ, улӏэмэ, мыбы хуэдэ ухъунщ! - жиӏэри шы щхьэ къупщхьэр лъэныкъуэкӏэ ӏуидзащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz