главная > жемчужины фольклора

 
Ӏупэ дыкъуакъуэ
 

Псэукӏейт тхьэкӏумэкӏыхьым и гъащӏэр. Мы дуней щӏы щӏыӏум теттэкъым абы и жагъуэ къэзымыщӏ, ар зыщымышынэрэ зыщымыщтэрэ. И щхьэр иужэгъуати ищӏэнур ищӏэжтэкъым.

Махуэ гуэрым тхьэкӏумэкӏыхьым игу зэбгъэжыпащ. Дзэл пхъафэ цӏынэ егъуу здэщысым, абы и щӏыбагъым деж зы дзыгъуэжь цӏыкӏу къыщыпэщащэри ар апхуэдизкӏэ игъэщтати, абы и гур къэувыӏэным иӏэжар зы бетэмалщ.

Абы иужькӏэ тхьэкӏумэкӏыхьым мурад ищӏащ зы махуэ закъуи мыпсэужыну, кӏуэуэ псым зригъэтхьэлэжыну. Ар здэкӏуэм, абы къанжэр къыӏущӏащ. Къыӏущӏащи, къанжэр тхьэкӏумэкӏыхьым къоупщӏ:

- Сыт, си къуэшышхуэ, мыпхуэдизу ущӏэнэщхъейр? Сыт къыпщыщӏар? Лӏо къэхъуар? Дэни укӏуэрэ?

- Дауэ сымынэщхъеинрэ? Мы дунейм теткъым сэ сызыщымышынэ. Сэ зыри къысщышынэркъым. Дзыгъуэжь цӏыкӏурэ пэт, афӏэкӏа теплъэ зимыӏэм, сэ сегъащтэ. Псори къысщодыхьэшх, псоми ауан сыкъащӏ, "жыгым къыпыхуа пщӏащэ нэгъунэ щощтэ ар", - жаӏэри. Ар гъащӏэ, апхуэдэу къэбгъащӏэр? Сыхуейкъым афӏэкӏа апхуэдэу сызэрыпсэунум. Сыкӏуэнурэ псым зезгъэтхьэлэжынущ.

- Сыт жыпӏэр?! Умыделэ, си къуэшышхуэ! Псым зебгъэтхьэлэжыну ухунэсынщ, ауэ япэ щӏыкӏэ еплъ, зэгъащӏэ къыпщышынэ щыӏэрэ щымыӏэрэ.

- Сэ дауэ ар къызэрысщӏэнур?

- Ар гугъу-тӏэ, ей?! Кӏуэи чыцэ гуэрэным къыхэтӏысхьэ. Къуажэм къыдэкӏа мэлхэр хъупӏэм къихьауэ зэрыплъагъуу, къыхэцӏэфти занщӏэу абыхэм яжьэхэлъадэ. Мис итӏанэ плъагъунщ, къыпщышынэ щыӏэрэ щымыӏэрэ!

Къанжэм и чэнджэщым едэӏуащ тхьэкӏумэкӏыхьыр. Мэз лъапэм кӏуэри чыцэ гуэрэнхэм хэтӏысхьащи поплъэ. Куэд дэмыкӏыу мэлыхъуэжь мэл гуартэр къуажэм къыдихуащ. Къехъурэхъуэкӏыурэ мэлхэр мэз лъапэм къыщысым, тхьэкӏумэкӏыхьыр къыхэцӏэфтащ. Мэлхэр щтэри я щхьэр щӏахьэри зэбгрыжащ. Я кӏэхэр дэуейуэ жэ мэлхэр щилъагъум, тхьэкӏумэкӏыхьыр игу зэгъауэ, дыхьэшхын щӏидзащ. Ар дыхьэшхым-дыхьэшхыурэ, апхуэдизкӏэ и гум хыхьауэ дыхьэшхати, уеблэмэ и ӏупэр зэгуэтхъащ.

Абы лъандэрэ тхьэкӏумэкӏыхьым и ӏупэр дыкъуакъуэщ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz