главная > жемчужины фольклора

 
Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ?
 

Пащтыхь гуэрым унафэ ищӏат: къэралым щхьэхынэу исым хэплъыхьу я нэхъ щхьэхынэ дыдэу тӏу къыхуашэну. Пащтыхьым жиӏар унафэти, щхьэхынэу къэралым исым хэплъыхьри нэхъ щхьэхынэ дыдэу тӏу къыхахри къыхуашащ. Тӏури къэтӏысын щхьэхыу плӏаплӏэу гум илът. Пащтыхьыр къыщӏэкӏри еплъащ, унафэ ищӏри гум кърыригъэхри унэ нэщӏ гуэрым щӏригъэлъхьащ. Ящӏэм кӏэлъыплъыну плъакӏуи ӏуигъэувэжащ. Жэщ куэдрэ махуэ куэдкӏэ плъакӏуэр якӏэлъыплъащ, арщхьэкӏэ щхьэхынитӏри щылът замыгъэхъейуэ.

Итӏанэ пащтыхьым унафэ ищӏащ ахэр зыщӏэлъ унэм мафӏэ щӏадзэну.

Мафӏэр кӏуэурэ зым деж нэсри и лым еӏэ щыхъум:

- Си гугъэмкӏэ, мафӏэ къытщӏадзащ, - жиӏащ зимыгъэхъейуэ здэщылъым.

- Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ? - жиӏащ адрейр къэпсалъэри.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz