главная > жемчужины фольклора

 
Укъизыгъэкӏуэти узыгъэкӏуэтэжи диӏэщ
 

Щӏалэ тхьэмыщкӏэ дыдэ гуэр щыӏэт, лъэпкъи жэпкъи имыӏэу, мылъкуи былыми бгъэдэмылъу. Щӏалэр бжьыфӏэт, къабзэт, и нэ къэттэкъым, и ӏэ къэттэкъым, ауэ тхьэмыщкӏэти, зыми ипхъу къритыртэкъым. Щымыхъум, хамэ къуажэ кӏуэри абы игу ирихьу хъыджэбз гуэр къыщигъуэтащ.

- Сыбдэкӏуэнщ, ауэ мылъкуу сыт уиӏэ? - къеупщӏащ хъыджэбзыр.

- Сэ мылъку куэд сиӏэкъым, ауэ ди гъащӏэ псокӏэ дрикъуну укъизыгъэкӏуэти узыгъэкӏуэтэжи сиӏэщ, - жриӏащ.

Ар зы гъэщӏэгъуэн гуэр и гугъэри хъыджэбзыр къыдэкӏуащ. Къыздэкӏуам унэм зыри щӏэлътэкъым, пщӏантӏэм зыри дэттэкъым.

Нысащӏэм куэдрэ зиплъыхьащ укъизыгъэкӏуэтрэ узыгъэкӏуэтэжрэ къилъагъун и мураду, ауэ, щимылъагъум, хуэмышэчыжу и лӏым еупщӏащ.

Лӏыр щӏэкӏри хьэуазэ ӏэмбатэ къыщӏихьэри жьэгум дилъхьащ. И нысащӏэр пэрытӏысхьэщ, езыри бгъурытӏысхьэжри хьэуазэм мафӏэ щӏидзащ. Мафӏэр ину къыщызэщӏэнэм, къису хуежьэри тӏури къикӏуэтащ. Мафӏэ бзийр щыужьыхыжым, тӏури кӏуэтэжри гъунэгъуу етӏысылӏэжащ.

- Мис аращ «укъизыгъэкӏуэти узыгъэкӏуэтэжи» жыхуаӏэр! - жиӏащ лӏым.

Зыри зимыӏэ тхьэмыщкӏэм ауаныщӏу хужаӏэу щытащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz