главная > жемчужины фольклора

 
Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщӏэ
 

Зы унагъуэ гуэрым хьэщӏэ къахуэкӏуати, ныш яукӏар къанэ щымыӏэу хьэщӏэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ яшхри зэбгырыкӏыжащ. Лэпсым къыхэнауэ зы лъэпхъуамбыщӏэ закъуэ нысэм къигъуэтыжауэ егъуу здэщысым, и гуащэжьым къилъагъури:

- Аркъым, нысэ лыр псори ӏэнэм тумылъхьэу уи ӏыхьэ къэбгъанэртэкъэ, лъэпхъуамбыщӏэм сыт къыпхуищӏэн? - жиӏащ.

- Хьэщӏэхэм я емыкӏу къэдмыхьамэ, сэ сыхэнакъым. Ухэныпэ нэхърэ лъэхъуамбыщӏэри ӏыхьэщ, - жиӏащ нысэ губзыгъэм.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz