главная > жемчужины фольклора

 
Уи шэр мыгъуэкӏэ ушх, си пӏастэр къыхэзгъэшхыкӏыж
 

Хъуэжэрэ Индрисрэ зэдзейуэ мэкъу зэдеуэрт. Икӏэм зэщыӏеижри щхьэхуэ-щхьэхуэу шхэуэ, зэмыпсэлъэжу я щӏыб зэхуагъэзащ. Тӏуми я гъуэмылэр къаӏэщӏэмэщӏат. Хъуэжэ пӏастэ тӏэкӏу фӏэкӏа зыри иӏэжтэкъым, Индрис зы шэ кхъуэщын къыхуэнэжати, къытехьэжыху и закъуэ а шэм щыщ ирифырт.

Иужькӏэ Хъуэжэ, хуэмышэчыжыххэ щыхъум, япэ зыкъригъэщри пщыӏэм къытехьэжащ. Псынщӏэу и пӏастэ тӏэкӏур къищтэри Индрис и шэм хипӏытӏэри ишхыу щӏыдзащ. Индрис къэсыжри, ар щилъагъум, къэгубжьащ:

- Уи ажэ си бжыхь къыумыпх. Уи пӏастэми сыхуейкъым, узишхэгъунуи сыпхуейкъым, - жиӏэу шэр къыщытрихыжым:

- Уи шэр мыгъуэкӏэ ушх, си пӏастэр къыхэзгъэшхыкӏыж! - жиӏэри Хъуэжэ шэм кӏэлъыпхъуащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz