главная > жемчужины фольклора

 
Ӏуэху цӏыкӏу щыӏэкъым, лӏы цӏыкӏу мыхъумэ
 

Къэзанокъуэ Жэбагъы ялъагъуну, ечэнджэщыну, акъыл къыпахыну щӏыпӏэ жыжьэ къикӏауэ пщитӏ къэкӏуат. Жэбагъы и унэр къагъуэту езым щыщӏэупщӏэм:

- Фызым и гъусэу бжьын епщӏэри хадэм хэсщ, - къыжраӏащ.

- Уэлэхьэ, зи фызым бжьын дэзыпщӏэу хадэм хэсым сэ акъыл къыпысхынщ жысӏэу семыпсэлъэн, - жиӏэри зы пщым дигъэзыкӏыжащ.

- Уэлэхьэ, абы нэс сыкъикӏауэ, сыту щытми, сымылъагъуу сымыкӏуэжын, - жиӏэри адрейр еблэгъащ.

- Хьэщӏэ уиӏэщ, Жэбагъы, - щыжраӏэм, хадэм къикӏыжри Жэбагъы хьэщӏэм деж кӏуащ.

Хьэщӏэм и гъусэм зэригъэзэжар Жэбагъым къыжриӏащ.

- Атӏэ псоми чэзу яӏэщ. Сэри си сабиигъуэм чышым сытесу си ныбжьэгъу цӏыкӏухэм сахэтащ. Балигъ сыхъури шу шэсым сахэту си ӏыхьэ ядэсщӏащ. Пхъэӏэщэкӏыр сӏыгъыу сыващ, гъубжэ сӏыгъыу сыхащ, шэмэдж сӏыгъыу мэкъу сеуащ. Жьы сыщыхъум, слъэкӏыжыр арати, фызым бжьын дызопщӏэ. Ӏуэху цӏыкӏу щыӏэкъым, лӏы цӏыкӏу мыхъумэ, - жиӏащ Жэбагъы.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz