главная > жемчужины фольклора

 
Тхьэмыщкӏэр ди деж къэмыкӏуэмэ, дэнэ кӏуэн!
 

Увыжыкъуэ лӏыжьым пхъурылъхум къилъхужауэ зы ӏыхьлы гуэр яшауэ иӏэт. А лӏыжьым фӏэкӏа абы ади, ани, ӏыхьлыи зыбгъэдыхьэн иӏэтэкъым.

Зэгуэрым дыщ палъэу иӏэ лӏыжьым деж пхъурылъхур къэкӏуэжащ.

- Гуащэпагуэ къокӏуэж! - жраӏащ лӏыжьым.

- Сыт къэзыхужыр, емынэм къихужрэ? - жиӏэу лӏыжьыр хъущӏащ.

- Мати пхъуанти иту зэгъэпэщауэ гукӏэ къашэж! - щыжраӏэм:

- Фыжи, кубжэр ӏуфх, тхьэмыщкӏэр ди деж къэмыкӏуэмэ, дэнэ кӏуэн? - жиӏащ лӏыжьым.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz