главная > жемчужины фольклора

 
Сэ сыщыӏэжкъым
 

Агъэнокъуэр хьэщӏапӏэ къикӏыжу мэжалӏэрти, щышхэн мурад иӏэу, гуащэжь гуэрым деж дыхьащ. Агънокъуэ джэгуакӏуэр зэрыарар гуащэжьым имыщӏэу шху гуащӏэ дыдэрэ мырамысэ щӏыӏэрэ и нысэм къытригъэгъэувэри езыри къеупщӏащ:

- Хэтхэ уащыщ, тӏасэ? - жиӏэри.

Агънокъуэм зыщыщыр жриӏащ.

- А-на, уэ узмыцӏыху щхьэкӏэ, фи лъэпкъыр фӏы дыдэу соцӏыху. Зэш дапщэ фыхъурэ, тӏасэ? – жери къеупщӏащ аргуэру.

- Зэшищ дыхъут, ди анэ, ауэ абыхэм сэ сахыумыбжэж, нобэ щыщӏэдзауэ сэ сыщыӏэжкъым, - жиӏащ Агънокъуэм нэщхъей дыдэу.

- Сыт къэхъуар, си щӏалэ? - жиӏэу гуащэжьыр щыщӏэупщӏэм:

- Уэлэхьэ, сэ мы уи шху гуащӏэм сыкъемылыну! - щыжиӏэм, зэрыджэгуакӏуэр къицӏыхури и нысэхэр пщэфӏэну гуащэжьым унафэ ищӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz