главная > жемчужины фольклора

 
Сэ нэхъыпщ здэщыӏэ сывмышэ!
 

Жанхъуэтыкъуэ Кушыку и уэлиигъуэу шу гуп и гъусэу къикӏухьт. Пщыхьэщхьэм къуажэ гуэрым хьэщӏапӏэ щыдыхьэм, Кушыку жиӏащ:

- Сэ нэхъыпщ здэщыӏэ сывмышэ!

- Ӏэу, уэ нэхъыпщ щыӏэ? - еупщӏащ пщым и гъусэхэр.

- Щыӏэщ. Сабий зиӏэ унагъуэ сыфшэмэ, ар сэ нэхърэ нэхъыпщщ. Сэ жысӏэр къысхуамыщӏэми хъунущ, ауэ сабийм жиӏэр хуамыщӏэу хъунукъым, - жиӏащ пщым.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz