главная > жемчужины фольклора

 
Ӏуэху ублэ хъуэхъухэр
 

Ди Тхьэ,
Тхьэшхуэ,
Дахэ теӏуэ,
Фӏы теӏуатэ,
Ӏэ ижьым егъэублэ,
Ӏэ сэмэгум егъэух,
Гуфӏэгъуэкӏэ къедгъэхьэлӏэж,
Узыншагъэкӏэ дыгъэшхыж.

 
Илъэсыщӏэ хъуэхъухэр
 

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щӏылъэри зезыгъакӏуэ,
Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкӏ,
Щымыӏэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи ӏэужь,
Псэури зыщыгугъыу
Зыми щымыгугъыж,
Къэхъури зэлъэӏуу
Зыми емылъэӏуж.
Ди Тхьэ,
Зы Тхьэ,
Тхьэшхуэ!
Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,
Губгъуэу диӏэр бэвылъэу,
Ӏэщыр куэдыу тхуэбагъуэу,
Ӏей тхэтыныр ди жагъуэу,
Ди жагъуэгъухэр зэгуэпыу,
Ди япэ идгъэщ щымыӏэу,
Ди фӏыгъуэр зэдэдгуэшыу,
Гукъеягъуэр зэдэтшэчыу,
Дищӏ бэвыгъэр темыкӏыу,
Ди пщащэхэр щӏыкӏафӏэу,
Ди щӏалэфӏхэр лӏы хахуэу,
Ди ӏуэху дэна ямыщӏыу,
"Ӏэху щӏэн" жаӏэм, къэжаныу,
Пэрытыныр я хьэлыу,
Хьэгъуэлӏыгъуэр яублэу,
Бланэм хуэдэу къарыуфӏэу,
Мафӏэм хуэдэу къэмыскӏэу,
Ди щӏэблэр ефӏакӏуэу,
Ди нэхъыжьхэр тхуэузыншэу,
Ӏэнэм щысыр тхьэмэдэфӏыу,
Хасэм хэтыр гуащӏафӏэу,
Фӏыгъуэ дыщымыщӏэу,
Щӏэм дигъэгуфӏэу,
Хъугъуэфӏыгъуэхэр ди бащэу,
Илъэсыщӏэр етхьэкӏыну
Тхьэшхуэ дыкъэзыгъэщӏам жиӏэ!
* * *
Уо, Тхьэгъэлэдж дыщэ!
Зыхуэхъум я псапащӏэу,
Уэркъыжьым я шы ӏусу,
Ажэ жьакӏэу уфафэу,
Афэ гъуапэу уэндэгъуу,
Вагъэм щызэрызешэу,
Шауэм дэщхьэукъуэу,
Жэпкъыхъуу,
Щхьэпӏащэу,
Ӏэтэ щийр зы хьэсэу,
Зы ху самэр ху гуипщӏыу,
Унагъуэ и пщӏэ кӏыщтэгъуэ зэрыз
Фӏыгъуэкӏэ тшхыжыну Тхьэм къыдит.
Уо, гъэрэ щӏырэ зэхэкӏыу,
Вакӏуэ дыщыдэкӏкӏэ
Джэдхэр къакъэу,
Къазхэр гъуалъхьэу,
Вабдзэ телъхьэ ирагъэщӏыу,
Вабдзэпэ уэгъуу,
Вэнгъуэкӏэ уэшхыу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу
Мы гъэр Тхьэшхуэм къыщӏигъэкӏ.
* * *
Е, ди Тхьэ,
Гъатхэ махуэу,
Гъатхэ бэву,
Вагъэм хуэмыӏэтыр ди мэшу,
Гъасэу къитшыжыр щэджищэу,
Щэдж къэс ху къэпищэр ди щапхъэу,
Нысэу къырашэр ӏумахуэрэ
Зыхэӏэбэм берычэтыр хиӏуэу,
Ди ӏуэм имыхуэр ди ӏэщыу,
Дызыхуейр къыдэлыжу,
Тхьэшхуэ, гъэ дызытехьар
Узыншагъэкӏэ едгъэхьэкӏ.
* * *
Ди мафӏащхьэ мысэхыжу
Ди жьэгу пащхьэ мыужьыхыжыу
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщӏэу
Етӏэнэгъэ пӏалъэ тхьэм дынигъэс

 
Скороговорки
 

Жэмыбгъэ бгъэгу хужь мэжьэгъуашхэ.
Шыбжииплъ, псы плъыжьыбзэ.
Набдзэ и бдзапцӏэр егъэцӏу.
Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ.
Щакӏуэ щӏакъуэм щӏакӏуэ щӏагъым щӏакхъуэ ныкъуэ щӏэлъу ехь.
Гъукӏэр бгъукӏэ къалъэри пкӏэлъейм дэлъеижащ.
Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм лӏыжь жьакӏэхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ.
Мы кӏапсэр уэ щыпхузэрымыгъэлъэлъыжкӏэ, сэ ныбдызэрызгъэлъэлъэжынщ.
А джэд уэд гуэлмэдыныфэ цӏыкӏур уэ уи закъуэ уи джэд уэд гуэлмэдыныфэ цӏыкӏу, уэри сэри ди зэхуэдэу ди джэд уэд гуэлмэдыныфэ цӏыкӏукъэ.

 
Считалки
 

Цӏыкӏу, цӏыкӏу, цӏыкӏунитӏэ,
Цӏыкӏухукӏэ си гупэ,
Ин хъумэ, си лъэпагъ,
Фыз къишэм, си унэкъуэщ.

 
Ущие псалъэ
 

Жьэр гъэкъабзэ,
Бзэр гъэӏэсэ,
Пцӏы умыупс,
Псэм удэмылажьэ,
Жьыгъэм зумыгъэхь,
Хьэм уемыхьэкъу,
Къуэм уемыубзэ,
Бзаджэм уемыуалӏэ,
Лӏыгъэм уримыбий,
Уи бий лӏакӏэ
Уигу жьы думыгъэху.
Уи напэр хужьу,
Уи щэныр дахэу,
Цӏыхум уахэтмэ, фӏыуэ укъалъэгъунщ.

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz