главная > жемчужины фольклора

 
Птӏашэ и джэду ирисхьащ
 

Птӏашэ и фызым джэд лыбжьэ ищӏу пылъу и гъунэгъур къыщӏыхьащ. Джэдым щыщ къыщӏыхьам иригъэшхыну Птӏашэ хуейтэкъыми, джэд лыбжьэр къыпимыхыжыну и фызым нащхьэ хуищӏащ. Фызри и лӏым фӏэлӏыкӏри къыщӏыхьар щысыху шыуаныр къыпихакъым. Гъунэгъури ӏуэхуншэти, уэршэрурэ жэщыр хэкӏуэтэху щысащ. Ар щыщӏэкӏыжым:

- Иджы дышхэнщ! - жаӏэу шыуаныр къыщыпахыжым джэд лыбжьэр фӏамыщӏ ихъухьат.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz