главная > жемчужины фольклора

 
Нэгей и къуэ Лъапщагъуэ
 

Нэгей и къуэ Лъапщагъуэкӏэ зэджэ джэдуужьым теплъэ хъууэ къуажэм зы дзыгъуэ дэстэкъым.

- Мы къуажэм Нэгей и къуэ Лъапщагъуэ дэсыху, дэ дытыншынкъым, девгъажи дывгъэукӏ джэдуужьыр! - жаӏэри дзыгъуэхэр зэрыгъэгушхуащ. Зэрыгъэгушхуэри дзэшхуэу зэщӏэшэсащ. Зы дзыгъуэ къыдэнакъым къуажэм, псори къызэрехьэжьащ, псори хузэгуэпырт Нэгей и къуэ Лъапщагъуэм.

Къызэрехьэжьауэ къыздэкӏуэм, дзыгъуэ дзэшхуэр псыхьэлыгъуэр къиуауэ ирихьэлӏащ. Къеӏэщ-неӏэри псыхьэлыгъуэм пхъэ закъуэ лъэмыж трагъэлъэдащ, зырыз-тӏурытӏурэ зэпрыкӏри Лъапщагъуэр зыдэс пщӏантӏэр къаухъуреихьащ.

Нэгей и къуэжьым шатащхьэкӏэ зигъэнщӏауэ дыгъэпсым хэлъу шэджагъуэ жей ищӏырт. Япэ ищу пщӏантӏэм дыхьэн къахэмыкӏыурэ, дзыгъуэхэр ӏэуэлъауэ зэрыгъэхъуащ. Абы хэту Нэгей и къуэр къызэщыуащ. Дзыгъуэ дзэшхуэр щилъагъум къахэлъащ, къахэлъэри, дзэм и зэхуэдитӏыр иригъэлъэтэхащ, зэхуэдитӏыр къащтэри зэгуэудащ, зы дзыгъуэжь цӏыкӏу къэнати, хьэрэкъуакӏэ дыхьэжащ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz