Мыбы из махъсымэ сиӏатэмэ, фезгъэфэнт
Хъуэжэ джэдхэр игъашхэу пщӏантӏэм здыдэтым, ӏэщэкӏэ зэщӏэузэда шу гуп бжыхьхэр иращӏыкӏыу, хьэхэр ягъэбанэу куэбжэмкӏэ зэрыблэхащ. Я къуейщӏеягъым щхьэкӏэ Хъуэжэ абыхэм къаригъэгъазэу яшхыдэну мурад ищӏащ:
- Уэ-хьэ-хьей, къэвгъазэ! Къэвмыгъазэмэ, фылӏыгъэншэщ! - ящӏэгуоуащ ар шухэм. Макъ пхъашэр щызэхахым, шухэм къагъэзащ.
Арщхьэкӏэ, джэдым яхэт Хъуэжэр къыщалъагъум, зыр къебгъэрыкӏуэри къыщӏэкӏиящ:
- Слӏожь, лӏыжь цӏыкӏу, укъыткӏэлъыкӏийуэ къыщӏэдбгъэгъэзар?! Уи кӏэ мафӏэ щӏэнамэ, къащтэ, пызупщӏынщ! - жиӏэу и къамэр къыщрипхъуэтым, Хъуэжэ щыкъун зэрылъа фалъэ фӏейр ишийри:
- Хьэуэ, си щӏалэхэ, мафӏи къысщӏэнакъым, мыбы из махъсымэ сиӏатэмэ, фезгъэфэнт, фызэрыщӏалэфӏым щхьэкӏэ жысӏэри, къывэзгъэгъэзауэ арат, - жиӏащ шынэжри.
Къезыгъэхьар @zhygue