главная > жемчужины фольклора

 
Къыфӏэдзэ си бзэгум
 

Махуэ гуэрым Хъуэжэ пщӏантӏэм дэту шу блэкӏыу илъэгъуащ. Сэлам къыщрихым, мыдрейми, хабзэм зригъэхьри, жиӏащ:

- Еблагъэ, хьэщӏэ, зодгъэгъэпсэхунщ!

Шур, пэжым ухуеймэ, жыжьэ къикӏт, ешат, къуажэми хэгъэрей щиӏэтэкъыми, «къеблагъэ» къыщыжраӏэм, гуфӏэри къыдыхьащ. Зыкъригъэлъэтэхри зиплъыхьа щхьэкӏэ, пщӏантэм шы фӏэдзапӏэ щилъэгъуакъым.

- Мы шыр дэнэ фӏэздзэн? - жиӏэри хьэщӏэр къеупщӏащ Хъуэжэ.

Адыгэ хабзэм зригъэхьу «къеблагъэ» жиӏа щхьэкӏэ, Хъуэжэ тхьэмыщкӏэ ӏейуэ псэурти, щӏегъуэжащ.

- Къыфӏэдзэ си бзэгум, - жиӏащ Хъуэжэ.

Шум къыгурыӏуэри шэсри дэкӏыжащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz