главная > жемчужины фольклора

 
Хъуэжэ и бэджынэ
 

Хъуэжэ хьэщӏапӏэ щыӏэу и гъащӏэм имылъэгъуа шхыныгъуэ хьэлэмэт гуэр кърагъэшхат: хыв шатэ гъэвэжам хугу гъэлыгъуа хьэжыгъэр хэудэжауэ. А шхыныгъуэм зэреджэр бэджынэт.

Бэджынэр Хъуэжэ хуабжьу игу ирихьати, абы и щӏыкӏэмрэ и цӏэмрэ унэгуащэм жригъэӏэри къежьэжащ. Къыщыкӏуэжым шхыным и цӏэр щымыгъупщэжын папщӏэ, «бэджынэ», «бэджынэ», «бэджынэ» жиӏэурэ къэкӏуэжырт.

Уэрамымкӏэ къыздрикӏуэжым, уэшх ужьти, Хъуэжэ цӏантхъуэри щыджалэм, шхыным и цӏэр щыгъупщэжащ. Ар гупсысэщ, гупсысэри шхыным и цӏэр къыхуэгупсысыжакъым, тригъэзэжу щӏэупщӏэжынри фӏэемыкӏу хъури и щхьэр фӏэхуауэ щӏымкӏэ еплъыхыу увыжащ.

А дакъикъэм шу гуп блэкӏырти, къеупщӏащ:

- Слӏожь, Хъуэжэ, сыту хуабжьу ухэплъэрэ, уфӏэкӏуэдаӏа? – жаӏэри.

- Тхьэр арэзы къыфхухъуи, гу лъыфтащ къысщыщӏам, - дыщэ кӏанитӏ сӏыгъати, сӏэпыхури мы ятӏэм хэхуащи, згъуэтыжкъым. Къэзыгъуэтыжым дыщэ кӏанитӏым языр естынт, - щажриӏэм, лӏыхэр шыхэм къепсыхри лъыхъуэу щӏадзащ. Ятӏэм хэмыхуа дыщэр къагъуэтыжынт - лӏыхэм ятӏэр зэӏащӏэурэ хьэрэшотӏэм хуэдэ ящӏат. Иужькӏэ лӏыхэм ящыщ зыгуэр къэпсалъэри:

- Тхьэ дыгъаӏуэ, Хъуэжэ, мы ятӏэр зэӏыдбгъащӏэурэ бэджынэ дыбгъэщӏакӏэ! - щыжиӏэм, Хъуэжэ къэгуфӏэри:

- Къэзгъуэтыжащ, къэзгъуэтыжащ! Бэджынэ, бэджынэ, - жиӏэурэ къежьэжащ.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz