главная > жемчужины фольклора

 
Хьэтыхъу и дыгъужьищэ
 

- Дыгъуасэ мэз сыщыкӏуам дыгъужьищэ слъэгъуащ, - жиӏащ Хьэтыхъу, гупым яхыхьэри.

- Щыгъэт, тхьэм щхьэкӏэ, дыгъужьищэ зэгъусэу дунейм теткъым, - жаӏэри гупыр зэщӏэдыхьэшхащ.

- Тхьэ сӏуэнщ, щэ мыхъуми, щэ ныкъуэ хъунтэм! - жиӏащ Хьэтыхъу.

- Жиӏэр сыт делагъэ, дыгъужь щэ ныкъуэ щӏэскъым ди мэзым, - къыхуидакъым зыгуэрым.

Гупыр аргуэру зэщӏэдыхьэшхащ.

- Сыт фыщӏэдыхьэшхыр? Тхьэ фхуэсӏуэнщ, щэ ныкъуэ мыхъуми, тӏощӏрэ пщӏырэ хъунтэм!

- Кӏэрыгъэху, Хьэтыхъу, кӏэрыгъэху. Апхуэдиз дыгъужь зэгъусэу хэт илъэгъуа?

- Уэлэхьи, зы мыхъуам, дыгъужьипщӏ хъунтэм.

- Тхьэ дыгъыӏэ, пцӏынкӏэ, Хьэтыхъу, кӏэрыгъэху.

- Антӏэ сыт пабжьэр къэзыгъэсысар?! - жиӏащ Хьэтыхъу.

Езыгъэлейм ауаныщӏу хужаӏэ.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz