Хэди бжэныр къыхэх, мэлыр къыхэпхми, уэстынукъым
Я адэм къыщӏэна мылъкур зэкъуэшитӏым щызэхэкӏым ягуэшт. Мылъкур псори ягуэшауэ къэнар зы бжэнрэ зы мэлрэт.
- Хэди, бжэныр къыхэх, мэлыр къыхэпхми, уэстынукъым! – жиӏащ нэхъыжьым.
"«Сыхагъадэ» жыпӏэу уи мыӏыхьэ къыхэпх хъунукъым", е "«сыхагъадэ» жыпӏэу къыуамытын къыхыумых" жыхуиӏэщ.
Къезыгъэхьар @zhygue