главная > жемчужины фольклора

 
Я къуалэ мэхашэ, я вынд мэхашэ
 

Жансэхъу зэшыбэр пщыхэм яхуэмыӏурыщӏэу, ящымышынэу япэувыжыфу щытти, пщыхэр щэхуу зэгурыӏуэри ежэри лъэпкъым цӏыхухъу кърамынэу зэтраукӏащ, я мылъкури зэрапхъуащ. Лъэщыджэу нысащӏэ закъуэ къэнати, Урды бгъуэнщӏагъым кӏуэри щылъхуащ. А бгъуэнщӏагъым пкӏэлъей зэпыщӏэкӏэ ех-къыдэкӏуеижурэ щӏалэ цӏыкӏур щипӏырт.

Махуэ гуэрым, Тыжь Пакъ щакӏуэу мэзым здыщӏэтым, вындыжьым и джэ макъ зэхихащ. «А вындыжьым зыгуэр елъагъу» жиӏэри вынд джэ макъым кӏэлъыкӏуащ. Жансэхъухэ я лъэпкъым къихъуэжа щӏалэ цӏыкӏу закъуэр абы къыщигъуэтри щиукӏыжащ. «Я къуалэ мэхашэ, я вынд мэхашэ, алыхьым и шэр Тыжь Пакъ къытихуэ» жиӏэри сабийм и анэм гъыбзэм хилъхьэжащ.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz