главная > жемчужины фольклора

 
Жэбагъы кхъэлэгъунэм зэрехъуэхъуар
 

Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэчыпщым езыр псэууэ кхъэлэгъунэ иригъэщӏат, лӏэмэ абы щӏалъхьэну.

Кхъэлэгъунэр зыщӏахэр зэригъэлэжьам, гугъу зэрыригъэхьам щхьэкӏэ, и унэм щӏишэри ӏэнэ къахуиухуащ, бжьэ къахутригъэуващ. Езыри къэтӏысащ.

Ауэ, адыгэ хабзэм ипкъ иткӏэ, ефэн и пэкӏэ мыхъуахъуэу хъунутэкъыми, нэхъыжьым жиӏэнур имыщӏэу щыст.

Абы ирихьэлӏэу Къэзэнокъуэ Жэбагъы къыщӏыхьащ. Гупым я нэхъыжьыр гуфӏэри бжьэр Жэбагъым иритащ. Мыдрейм къыӏихри щӏэупщӏащ гупыр щӏызэхэсым. Бжьэр къыщӏащтар къыщищӏэм:

- Атӏэ а кхъэлэгъунэм и кӏуэцӏыр нэщӏрэ и щӏыбыр щӏэращӏэу куэдрэ тхьэм щигъэт! - жиӏэри Жэбагъы ефащ.

Къезыгъэхьар @zhygue


 

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz