главная > жемчужины фольклора

 
Гъудэм довэ жыхуиӏам хуэдэу
 

Выжьым и бзэгур къилэлу, вагъэмбэкъум дэту евэкӏырт. Гъудэр вым и тхым зытриукӏауэ тесу екӏуэкӏырт. Нэгъуэщӏ зы гъудэ блэлъэтти, вытхым тесыр къилъагъури къегуоуащ:

- Сыт нэхъ уи лэжьыгъэ иджы си ныбжьэгъум? – жиӏэри.

- Довэ, си ныбжьэгъу, довэ! – жиӏащ вытхым тесым.

Езыр мылажьэрэ мыпщӏантӏэу лэжьакӏуэхэм захэзыбжэм ауаныщӏу хужаӏэ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz