главная > жемчужины фольклора

 
Фи уэншокум и ипщхьэпӏэр сыгъэлъагъу
 

Выкхъэ Шухьиб хьэщӏапӏэ щыӏэу бысымымрэ езымрэ уэршэрурэ жэщыбг нэгъунэ щысауэ:

- Гъуэлъи зыгъэпсэху, си хьэщӏэ! - жиӏэри бысым лӏыжьыр щӏэкӏыжащ.

Шухьиб гъуэлъыжыну щыхуежьэм, хьэщӏэщ гъуэлъыпӏэм уэншоку фӏэкӏа шхыӏэни щхьэнти имылъу къыщӏэкӏащ. Шхыӏэн къыхуахьынкӏэ гугъэу, пэплъэу зыкъомрэ щысыжащ. Щымыхъум, щӏэкӏри бысымым еджащ:

- Уэ, тхьэмадэ, кхъыӏэ, накӏуи фи уэншокум и ипщхьэпӏэр сыгъэлъагъу! – жиӏэри.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz