главная > жемчужины фольклора

 
Джэду хьэжы зещӏ
 

Джэдур ӏэмал хуекӏуэу дзыгъуэхэр зэтришхыхьыну мурад ищӏат. Лейуэ зэрихьахэм хущӏегъуэжауэ, и гуэныхьхэр ипшыныжыну хьэжыщӏ кӏуэну зигъэӏуащ. Дзыгъуэхэри я гъуэм къикӏыу къыхуэкӏуэу яриха лейр къыхуагъэгъуну ялъэӏуу лӏыкӏуэ яхуищӏащ.

Дзыгъуэхэм я фӏэщ хъури, утыкум къихьащ. Джэдуми зигъэуардэу яхыхьэри къыщӏидзащ:

- Къэпым щхьэ зэриӏэр, а къэпым илъыр абыкӏэ къипх зэрыхъур псоми фщӏэрэ? – яхэупщӏыхьащ.

- Сыт щӏэдмыщӏэр? – жаӏащ псоми зыжьэу.

- Атӏэ, а къэпыщхьэмкӏэ къивмыхыу къэп щӏэрыпсыр щӏэвугъуэныр сыт? - жиӏэри дзыгъуэхэр зэтриукӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz