главная > жемчужины фольклора

 
Бажэмрэ уашхэмрэ
 

Зэгуэрым ныбжьэгъу зимыӏэж бажэр гъуэгу теувауэ зыщӏыпӏэ кӏуэрт. Абы зы уашхэ къыхуэзащ. Сэлам зэрахри псалъэ быдэ зэратащ лӏэжыхукӏэ зэныбжьэгъуну икӏи зэрыгъэпэжыну. А тӏур гъуэгу тету здэкӏуэм зы джэд лӏа къагъуэтащ.

– Иджы, уашхэ, сэ нэхъ сомэжалӏэри мы джэд лӏар сэ сшхынщ.

– Хьэуэ, уэрэ сэрэ хэт нэхъыжьми абы ишхынщ.

– Содэ сэри, сыт гъэ укъыщалъхуар?

– Сэ дунейр щымыджэмыпцӏэу, щӏылъэр щызэпцӏагъащӏэм сыкъалъхуащ.

– Уэуэу мыгъуэ!

– Ей, бажэжь цӏыкӏу, сыт къэхъуар?

– А зи гугъу пщӏы зэпцӏагъащӏэм си къуэ нэхъыщӏэр щӏэтӏысыкӏри итхьэлати, ар сигу къэбгъэкӏыжауэ согъ.

– Абы щыгъуэ уэ унэхъыжьым пцӏы хэлъкъым, джэд лӏар уэ шхы.

Апхуэдэу джэдыр бажэм ишхащ.

– Атӏэ ари хъунщ, – жиӏащ уашхэм, бажэмрэ абырэ гъуэгу зэдытеувэжурэ. Кӏуэм-лъейуэрэ зы къаз лӏа къагъуэтащ.

– Атӏэ, бажэжь цӏыкӏу, уэ къэдгъуэта джэдыр щыпшхакӏэ, сэ мы къазыр сшхыпхъэщ.

– Ӏэгъу, ар дауэ хъун?! Къазыр нэхъ инщ. Ауэ думыгъэщӏ-тӏэ. Дегъауи дызэгурыгъаӏуэ: уэрэ сэрэ хэт и адэр нэхъ лъагэу щытами, къазыр абы ишхынщ.

– Уей, сэ си адэр уафэм щӏэуэу щытам.

– Уа, уашхэ цӏыкӏу, а уи адэм и щхьэм хьэлъэ гуэр къытеуэу щытауэ жиӏэжу зэхэпха?

– Уей, зэхэсхам!

– Атӏэ, ар си адэм и лъэнкӏэпсым пылъу щыта дыжьын мывопцӏэрт.

– Атӏэ, абы щыгъуэ, уэ уи адэр нэхъ лъагэу щытащ, къазри пхьащ, шхы.

Бажэм къазыри ишхри, тӏури гъуэгу зэдытеувэжащ. Жэщ хъуху гъуэгу тетауэ, мэз лъапэ гуэрым и деж зы мэл лӏа къыщагъуэтащ.

– Уэлэхьи, бажэ цӏыкӏу, нобэ къэдгъуэта джэдри къазри уэ щыпшхакӏэ, сэ мы мэлыр къыслъосыр.

– Ей, ей, зэ, зэ! Ауэ думыгъэщӏ, дыгъэжеи, нэхъ пщӏыхьэпӏэфӏ зылъагъум мэлыр ишхынщ.

– Хъунщ.

Жеину гъуэлъыжахэщ. Ауэ махуэ псом мэжэлӏа уашхэм и жеин къакӏуэтэкъым, зи ныбэ из бажэр занщӏэу ӏурихащ.

Бажэр зэрыжейуэ, уашхэм мэлыр ишхри, гъуэлъыжри ӏэфӏу жеящ.

Нэху къекӏхэри, бажэр занщӏэу къызэфӏэтӏысхьащ икӏи щӏэупщӏащ:

– Сытхэр плъэгъуа, уашхэ цӏыкӏу, ы-ы?

– Уэ плъэгъуар жыӏэххэ, япэ щӏыкӏэ.

– Сеуэри, хъан и пхъум сылъыхъуа хуэдэт. Езы хъаныжьыр накӏуэри фитонкӏэ сишащ. Си щыкъу адэр щыхъанкӏэ, сигъэшхын игъуэтынт абы?! Езыр зыщӏэс унэм ефэ-ешхэ къыщызэӏуригъэхри езымрэ сэрэ жьантӏэм дытӏысащ. Зым джэдылыр къехь, адрейм мэлылыр къехь. Зэрыпсоуэ гъэжьауэ къазхэр тепщэчкӏэ, фадэр, шхын гъурхэр куэд дыдэщ, жызум нэгъунэ абы темылъа фӏыгъуэ щыӏэкъым. Мис апхуэдэу тхъэжыгъуэ ефэ-ешхэм сыхэсу пщӏыхьэпӏэу слъэгъуащ. Къэӏуатэ иджы уэ плъэгъуар.

– Уэлэхьи, бажэ цӏыкӏу, а жыпӏа дыдэр пэжым. Сэ а уздыщӏэса ефэ-ешхэм сынакӏуэри узэрытхъэр слъэгъуащ. А фи бжэм ӏута щхьэхъумэхэм сыныщӏагъэхьакъым. Хъаным и бжэӏу сэ схуэдэ ӏуамыгъыхьэу къызжаӏащ. Сэри, мо жызумхэмрэ щынэлхэмрэ къыпӏурытӏэтӏу пшхыуэ щыслъагъум, занщӏэу къыӏузгъэзыкӏри сыкъэкӏуэжащ. Уэри плъэгъуат дыгъуасэрей махуэ псом сызэрымышхар, сэ сымэхыу сыкъэсыжащ. "Тхьэ сыгъыӏэ, апхуэдизу шхын ӏэфӏхэр зыхузэблах бажэм мэл псэхэлӏэр пхуимышхын!" жысӏэри мэлыр сшхащ, – жиӏэри иухащ уашхэм.

Бажэр зыӏурыбзея фӏэкӏа, зыри къыфӏигъэкӏакъым.

Мис абдежым щаухащ а тӏум я зэныбжьэгъуныгъэр.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz