главная > жемчужины фольклора

 
Ар лӏэуэ уэ укъызэрынам щхьэкӏэ согъ
 

Хьэдэӏусашхэ здэщыӏэм ӏэнэм пэрысхэм лым я ужькӏэ лэпс къыхутрагъэуващ. Гъунэгъуу зэбгъэдэситӏым я зыр лэпс пщтырым еӏубри къыщисым, и нэпсхэр къыщӏэлъэлъащ.

- Сыт ущӏэгъыр? – жиӏэри и гъунэгъур еупщӏащ.

- Зи хьэдэӏус тшы тхьэмыщкӏэр сигу къэкӏыжауэ согъ, - къыжриӏащ.

Мыдрейри пхъэ фалъэшхуэр къищтэу лэпс пщтырым фӏыуэ щеӏубым, ари къисри и нэпсыр къелъэлъэхащ.

- Уэ сыт-тӏэ ущӏэгъыр? – жиӏэу адрейр къыщеупщӏыжым:

- Ар лӏэуэ, уэ укъызэрынам щхьэкӏэ согъ, - жриӏащ мыдрейм.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz