главная > черкесские (адыгские) загадки > Ч...-Ӏу...

Чэщей пхъуантэр зэгуэхури, дыщэ хъурей къыдэхуащ [53].


Чо гъуанэ сыдэплъмэ, нащхъуэ бын сахоплъэ [54].


Чо гъуанэм сыдэплъмэ, плъыжь бын сахоплъэ [54].


Чы матэ унэ, унэ гъавалъэ. [53]


Чыгу гуэн, гуэн ӏэта. [53]


Шакъэ напэ щхьэ хъурей, щыхьэт тхылъхэм теуэрей [53].


Шэрхъитӏ земыкӏуэ, зекӏуэм и гъуазэ [53].


Шэрхъым тету тафэм теж, жэурэ лъатэу уэм ихьэж. [53]


Шкӏурэ, шкӏурэ, шкӏуратӏэ, хьэсэм хыхьэм хэкӏуадэ [53].


Шхэным зэи щӏэмыкъу, ауэ шхэнкӏэ иримыкъу [53].


Шы мыгъакӏуэ, шы гъэкӏуэр, шы шэнт, шы дэкӏуей.


Шы щӏэмыту, вы щӏэмыту мажэ.


Шыкъым, выкъым, ауэ вакӏуэщ [53].


Шылэхъархэр зэӏузыщэ, зэӏуищахэри зымыщэ [53].


Щащыху хужьым губгъуэр зэлъеубгъу [54].


Щэнджатэ зимыӏэу щэкӏхэр зэӏузыщэ [53].


Щхъуэкӏэплъыкӏэу къыфӏадзащ, гъуэбжэгъуэщу кӏуэдыжащ [53].


Щхьэ дыкъуакъуэ лъакъуэ ӏушэ [53].


Щхьэгъум нэпӏытӏ, нэпӏытӏ напитӏ [53].


Щхьэкӏэ удзыфэ, лъабжьэ дыщафэ [53].


Щхьэм хуэлажьэ лэжьэрей [53].


Щхьэнтэм тесмэ тхьэрыкъуэ, зиукъуэдиймэ къэплъэн [54].


Щхьэпырыкӏыгъуэм ныуэ цӏыкӏу щогуо [54].


Щыгъынибгъум зы щыгъын и теубгъуэнщ [54].


Щыпэ, щыпэ, щыпэрей, щыпэ, щыпэ, папщэрей [53].


Щысу зежэ, жэрым тес [53].


Щыту зежэ, мыжэм джалэ [53].


Щыуаем лъэмыж, щыхуабэм щӏэпхъуэж [53].


Щыщхъуантӏэм гъуэмылэ, гъуэжь хъуамэ жылапхъэ [53].


Щыщым и щӏыб, щауэм и шэнт [53].


Щӏэ щӏэмыту матэшхуэ [53].


Щӏэсхэр зыри къызыщӏэмыкӏ, щӏалъхьэр псори зыщӏэкӏуэдыкӏ. [53]


Щӏы щхьэфэр бжьэхуцкӏэ хуэпащ [54].


Щӏы щӏагъ кӏыфӏым къыщӏэкӏыф, ауэ къуакӏэм дэмыкӏыф [53].


Щӏы щӏагъым анэщӏэ хужь цӏыкӏу къыщӏокӏацӏэ.


Щӏы щӏагъым джэд бын щогъуалъхьэ [54].


Щӏы щӏагъым къыщӏаш, пщэфӏапӏэм щӏашэж [53].


Щӏы щӏагъыр зи унэ, унэ нэху хуэмей [53].


Щӏыбкӏэ джалэм мытэджыф, къэтэджамэ лъэтэжыф [53].


Щӏыбыку илъу кърахьэкӏ, мафӏэр зи пэм къилъэтыкӏ [53].


Щӏылъэм и лӏыкӏуэ, уафэм щызекӏуэ [53].


Щӏылъэм къытелъалъэ, лъакъуэр зыгъэпсалъэ [53].


Щӏылъэм щывэ, уэм щыву [53].


Щӏылъэр зыгъэгыз, гызу зызыӏэт. [53]


Щӏым едзэгъу гъурыджэ, гъурыджэ гъуджафэ. [53]


Щӏым и ӏэфӏыр къыхэзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ [54].


Щӏым и ӏэщӏагъэ [54].


Щӏым къыщызыкӏухь, псым хыхьам - имыхь. [53]


Щӏым къыщӏэхыгъуафӏэ, зи фэр техыгъуафӏэ [53].


Щӏым темыту щӏыр къэзытӏ [53].


Щӏымахуэ бадзэ, бадзэ мыдзакъэ [53].


Щӏыӏэ ныбэ, ныбэ хуэфӏ [53].


Щӏыӏэ хъуамэ – ӏуащхьэм тес, хуабэ хъуамэ – унэм щӏэс [53].


Щӏыӏэм и фащэ, фащэ хужьыбзэ [53].


Щӏыӏэм игъэбыдэ, хуабэм игъэжабзэ [53].


Ягъэныщкӏу щхьэкӏэ, ямышх [53].


Ягъэтӏылъмэ – лъэмыж, ягъэувмэ – лъэуей [53].


Ямыгуу хугу нэд, ямыдэу дарий джанэ.


Ямылъагъуу унэм къакӏуэу, зигъэлъагъуэуэ щӏэпхъуэж [53].


Ятӏэ ӏэтэр ятӏэм хэту мэжьэгъуашхэ щхьэмыӏэту [53].


Яшхыр зэӏызыщӏэ, ӏэфӏри фӏэӏури къэзыщӏэф. [53]


Яшыхьым и щхьэкӏэ, щхьэкӏэ зэрыдзапӏэ [53].


Ӏэ зимыӏэ бжэӏух.


Ӏэ пымыту мастэ къэзыщтэ [53].


Ӏэгукӏэ зэрагъакӏуэ, кӏуапӏэр зыупӏэщӏ [53].


Ӏэдэ зи куэд, уадэ зимыӏэ [53].


Ӏэдэ иӏэ щхьэкӏэ пхъащӏэкъым, псым хэс щхьэкӏэ бдзэжьейкъым [53].


Ӏэдэуадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэр [54].


Ӏэлъэныкъуэ шэмэдж. Шэмэдж пэ гъэша.

Ӏэлъэныкъуэ шэмэдж, шэмэдж къазыдзэ. [53]


Ӏэншэ, лъакъуэншэ, ныбэгукӏэ мэпщ, цӏыхуищэ исщ.


Ӏэфӏыкӏэ зезыхьэ, зи ӏыхьэр зыфӏашх [53].


Ӏэфӏыкӏэ лъыхъуэ, лъыхъуакӏуэ лъатэ [53].


Ӏэфӏылъэ псэуалъэ [53].


Ӏэфӏыр зыгъэдыдж, дыджыр зыгъэӏэфӏ [54].


Ӏуантӏэ-шантӏэ, хьэфэ кӏыхь зытелъ.


Ӏуданэ зэрыхъэ бадзэ лъэхъей [53].


Ӏуданэ зи куэду зы масти зимыӏэ [53].


Ӏунэ закъуэм зэкӏэрипхэ, зэпхыжауэ сэ жанитӏ. [53]


Ӏупэ ӏушэ пщэ гъэша, зи щӏыбыкур къыдэша [53].


главная > черкесские (адыгские) загадки > Ч...-Ӏу...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz