главная > черкесские (адыгские) загадки > Ты...-Цӏ...

Тыкъыр хужьу зелъатэ, жыг къудамэхэр зыкъутэ [53].


Тыр щхьэматэ нэ топырэ [53].


Тырым и унэ, унэ ӏэта [53].


Тӏысыпӏэ лъатэ, лъатэ епха [53].


Уадэм икъутэ, къутахуэ бжыхь [53].


Уафэгум дыщэ кӏанэ къощ [54].


Уафэм и шабзэ, шабзэпэ мафӏэ [53].


Уафэм щылъэтакӏуэ, щӏылъэм щывакӏуэ [53].


Уэгум щитым бадзэ хужьу, щӏылъэм къэсым тепӏэн хъуж [53].


Уэнжакъыщхьэр зи тӏысыпӏэ, хадэ кӏыфӏыр зи щакӏуапӏэ [53].


Уэр нэхъи нэхъ жэр, сэр нэхъи нэхъ жэр, удежьакӏи удэжэфынукъым [54].


Уэр нэхърэ нэхъ кӏыхь, сэр нэхърэ нэхъ кӏыхь, афэ кӏыхь телъ.


Уэрэд жыӏэрей чо хужь дэтщ [54].


Уэсыр къезыхьэкӏ, пшэхэр къезыхуэкӏ [53].


Уэшхым игъэбагъуэ, кӏэпхъым и гъуэмылэ [53].


Удыжь цӏыкӏум хъы зэӏуещэ, хъы зэӏуещэри мэщакӏуэ [53].


Удз гъэгъахэм телъэтыхь, унэм ӏэфӏыкӏэ къэзыхь [53].


Удз гъур ӏэтэ, лӏы гъур уэтэр [53].


Удзым игъэдзагуэ, пшахъуэм игъэжан [53].


Удзыр зыгъэджалэ, джалэр езыдзэкӏ [53].


Уеплъамэ плъыфэншэ, уеӏусамэ пкъыншэ [53].


Уеплъмэ гъуджэщ, уеджэмэ дэгущ.


Уеплъмэ къоплъыж.


Уеуэкӏи, мыгъынанэ, псым хэбдзэкӏи, щӏимыгъанэ [53].


Уеуэм зежэ, мыжэм жей [53].


Уеуэм къафэ, къафэм ву [53].


Уи гъын къэмыкӏуэу нэпс къезыгъакӏуэ [53].


Укӏуэкӏи улъэщӏэмыхьэ, къакӏуэкӏи къыплъэщӏэмыхьэ [53].


Укӏуэмэ макӏуэ, утӏысмэ мэтӏыс, утэджмэ мэтэдж, уеджэмэ дэгущ.


Умылъагъуу къакӏуэ, къакӏуэмэ къыптекӏуэ. [53]


Умылъагъуу къэзыжыхь, ди мэкъу ӏэтэр изыкъухь [53].


Унагъуэм ирах, нэгъуэщӏ щӏыпӏэ щашхыж. [53]


Унагъуэшхуэ ӏэфӏыкӏэрышхэ [53].


Унагъуэшхуэр зыгъатхъэ, шхалъэ иным дэтхъыкӏ [53].


Унащхьэ зытемылъ ятӏэ унэ цӏыкӏу [53].


Унащхьэм къытекӏэ, ауэ мыкъэкӏыгъэ [53].


Унэ зэпыщӏа, зэпыщӏа пщӏей [53].


Унэ лъэгум щызекӏуэ, земыкӏуэфыр къезыхьэкӏ. [53]


Унэ хуабапӏэ, хуабапӏэ къабзапӏэ [53].


Унэм и нэ [53].


Унэм къыщӏэмыкӏыу унэр къезыхьэкӏ [53].


Унэм щӏамыхьауэ унэм къафӏыщӏэкӏ [53].


Унэу иӏэр зы пэш закъуэщ, пэшым щӏэсри и закъуэщ [53].


Уплъэм умылъагъуу губгъуэм итыр сыт, уплъэм умылъагъуу унэм щӏэтыр сыт? [53].


Уплъэмэ уолъагъу, укӏуэмэ, унэскъым [54].


Упщӏэ пыӏэшхуэ, лъакъуэшхуэ закъуэ [53].


Утемысу земыкӏуэф, утетӏысхьэмэ зежэф [53].


Фащэм и зы ӏыхьэ, ӏыхьэм и нэхъ жан. [53]


Фэ зэпыдзэ щхьэ фӏэдзэж [53].


Фэ текӏутэ, шхын хэкӏутэ [53].


Фэхур фоупс, и псэ хэпхмэ уегъатхъэ [54].


Хадэ гъунэм щызежэ, ди гъунэгъум ежэкӏ [53].


Хадэ хъумэ, хъумэрей, дыгъу къэкӏуами, зэи мыхъей [53].


Хадэм къиджэразэ, джэрэзу зелъатэ [53].


Хадэхэкӏ пӏащэ, бгъэжьамэ щащэ [53].


Хадэхэкӏхэм я нэхъ ин, уэ уи закъуэ пхуэмыхьын [53].


Хамэ къакӏуэм йопкӏыр-йолъыр, зейр къэкӏуамэ гуфӏэу йоплъыр [53].


Хамысауэ хьэсэм къыщатӏыж, къатӏыжами хыфӏадзэж [53].


Хым и кум мафӏэшхуэ илъщ [54].


Хым мафӏэ къыхопс.


Хуабэу, щабэу джабэ тхъуэплъ, пщӏэ зыхуащӏу ӏэнэм телъ [53].


Хуарэр зэгъуу гъур хуэмышх [53].


Хуэсакъыпэу зэрахьэ, щымысхьыххэу якъутэ [53].


Хъыданым кӏуэцӏапхэ, пхауэ ягъэжей [53].


Хъуакӏуэм и джанэ, ӏэхъуэм и унэ [53].


Хъушэм и пашэ, пашэ мышынэ [53].


Хьэ хужьышхуэ псы йофэ, уэфу губгъуэм зыреубгъуэ.


Хьэдзэ зэгуэдзэ, хъынкӏэл хэдзэн [53].


Хьэдзэху зэгуэлъ, уеӏусамэ уещӏыр нэплъ [53].


Хьэжьым къигъэшынэ, шынэу жыгым тес [53].


Хьэку цӏыкӏу мафӏалъэщ.


Хьэкӏэкхъуэкӏэ щыкуэд щӏыпӏэ, къуалэбзухэм я хэщӏапӏэ [53].


Хьэкӏэкхъуэкӏэм я пащтыхь, щыхьыр плӏэкӏэ зезыхьэф [53].


Хьэлъэ темылъу шэщым щӏыхьэкъым [54].


Хьэмэшыншэ, хьэншэ унэ [54].


Хьэнцэ зимыӏэу пшахъуэ зезыхьэ [53].


Хьэсэм хэтым – бэв хуэлажьэ, къуакӏэм дэтым – щхьэл гъэлажьэ [53].


Хьэсэм щыхъуакӏуэ, хъуакӏуэ гъущӏыдзэ. [53]


Хьэщӏэу къакӏуэм дзэ ӏуткъым, лыуэ иратым къупщхьэ хэлъкъым [54].


Цӏыкӏужьейуэ бланэжьей, бланэжьейуэ лэжьэрей [53].


Цӏыру пэтӏинэ, ду лъабжьэр зи унэ [53].


Цӏыху имысу къэрал. Унэ дэмыту къуажэ. Жыг щымыкӏыу мэз. Псы имыту хы.


Цӏыху щхьэмыгъазэ, лӏыгъэр зи гъуазэ [53].


Цӏыхум и ныбжьэгъу, джэдум и жагъуэгъу [53].


главная > черкесские (адыгские) загадки > Ты...-Цӏ...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz