главная > черкесские (адыгские) загадки > Зищ...-Мас...

Зищхьэр пхъэ кӏапэ, зи пэр гъущӏ папцӏэ.


Зи щхьэ матэ, зи кӏэ топ [54].


Зи щхьэр хъуаскӏэ, зи кӏэр ласкӏэ [53].


Зы жыгым къудамэ пщыкӏутӏ гуэтщ, къудамэ пэбж тхьэмпэ щэщӏ пытщ, тхьэмпэм я зы щӏэлъэныкъуэр хужьщ, я зы щӏэлъэныкъуэр фӏыцӏэщ [54].


Зы къамышы сиӏэщи сыриуэфыркъым.


Зызыгъэпщ пщэ пцӏанэ [53].


Зызыгъэщӏэращӏэу хьэщӏэм жэуап езыт.


Зыр къежэхым, зыр дожей [53].


Зыр мажэ, зыр мэжей, зыр мэджэгу [54].


Зыри зымыӏыгъыу сурэт зыщӏыф [54].


Зыри къыбжиӏэкъым, укӏуэмэ макӏуэ, ужэмэ мажэ [54].


Зытӏэщӏыр магъ.


Зыш сиӏэщи сытетӏысхьэфыркъым [54].


И гур псынщӏэщ, ӏукӏмэ ирехьэжьэ.


И кӏэ зылъэфу и фэ зи бий [54].


И лъэ кӏэщӏщ, и щӏыб бгъуэщ, бгъунжу щылъщ, лышхуэ телъщ [54].


И пэр кӏыхьщ, и пкъыр инщ, и щхьэр ӏейщ.


И пӏэ иту псоми нэс [54].


И пӏэм имызагъэ, удын зыхэзагъэ [53].


И фэр фӏыцӏэщ, и цӏэр ӏейщ, и шэр ӏэфӏщ.


И щхьэр матэрэ и бгыр дахэу.


И щхьэр пкъутэмэ дыжьын къокӏ, дыжьыныр пкъутэмэ дыщэ къокӏ [54].


Иадэ хьэдрыхэ мащэщ, икъуэ шейтӏан узщ.


Илъмэ псынщӏэщ, нэщӏмэ хьэлъэщ.


Ирамыпэсу ираупсей.


Итырыгъухэр изыщӏыкӏ, ирищӏыкӏри зымыхьыж [53].


Куэбжэр зыгъэбыдэу быдэу зэрыӏыгъ [53].


Кунэрылъ курылъ быдэ [53].


Кхъуей плъыжь ныкъуэшхуэ, бажэр зэхъуапсэ, ехъуапсэ щхьэкӏэ зылъэмыӏэс [53].


Кхъухьым кърадз щхьэкӏэ, хыфӏамыдзэжыпэ [53].


Къаз щемыс щӏыгупс [53].


Къазшырыфэ псафэрей. [53]


Къакъэм я ӏэтащхьэ, щхьэ ӏэтауэ къэзыкӏухь [53].


Къэдабафэ жыгыфэрышх [53].


Къэкӏыгъэ лъабжьэ, лыбжьэ хэлыбжьэ [53].


Къэпым щилъым мэщащэ, ӏэнлъэм щилъым мэщатэ [53].


Къебэ-небэр зи гъуэлъыпӏэ, зи гъуэлъыпӏэри зи шхапӏэ [53].


Къимыкӏуэт кӏуэтэрей [53].


Къыхуахьыр зи хьэлъэ, яхьыжыр зи псынщӏэ [53].


Къу зимыӏэ пэгун цӏыкӏу [53].


Къуажэхь-къуажэшх, ямышхын дыгъужь.


Къуакӏэбгыкӏэр зи псэупӏэ, къуакӏэбгыкӏэр зи хъуакӏуапӏэ [53].


Къуакӏэм и гъуджэ, ныджэм щыджэгу [53].


Къуакӏэм удэмыхьэу къуакӏэм удэзыш [53].


Къудамэ лъабжьэ, джыдэжь гъэлъей [53].


Къупщхьэ къызыхэмыкӏ, лъы къызыщӏэмыж.


Къупщхьэ матэ, матэ зекӏуэ [53].


Къупщхьэр зи джанэ, мывэ лъабжьэр зи унэ [53].


Къуршхэм щыӏэуэлъауэ, уэххэм щысабырыж [53].


Къуршым къежэхыф, къуршым дэмыкӏыф [53].


Кӏапэгъэсысу жыгыщхьэрыс, жыгыщхьэрысу пцӏыупсырей [53].


Кӏапсэ псыгъуэ щхьэгъуритӏ, зыр мэпсалъэ, зыр мэдаӏуэ [53].


Кӏапсэрыжэ жыг дэжей [53].


Кӏапсэу щыӏэм я нэхъ кӏыхь, ауэ зыми хуэмышыхь. [53]


Кӏапсэшхуэкӏэ къыраш, уэщышхуэкӏэ якъутэ.


Кӏэ бэлацэ дыгъуэрей, ди джэдкъазхэм теуэрей [53].


Кӏей лъэдэкъэху, уэрыху дыщэ жыг.


Кӏытэ, кӏытэ кӏытэрей, куэдрэ щытым къэвэрей [53].


Кӏыщ цӏыкӏу сабалъэ.


Кӏуэм дэкӏуатэ, щытым пэплъэ, плъэм илъагъу [53].


Лыпцӏэ пцӏанэ псыпцӏэ унэ [53].


Лыр зи кӏуэцӏу къупщхьэр зи щӏыфэ [54].


Лъагъуэ зымыщӏу щӏылъэм щызекӏуэ [53].


Лъакъуэ гъурищ, гъурищ щхьэ щимэ [53].


Лъакъуэ жэрхэм кърахьэкӏ, илъэс къэскӏэ зи бжьэр фӏэкӏ [53].


Лъакъуэ зелъафэ, удз къелъэфэкӏ [53].


Лъакъуэ зимыӏэ, унэм щызекӏуэ. [53]


Лъакъуэ зимыӏэу бжьакъуэ зытет [53].


Лъакъуэ зыщӏэмыт лъэмыж [54].


Лъакъуэ зыщӏэмыту лъагъуэм тету къэзыжыхь [53].


Лъакъуэ щӏэмыту къэтэдж [53].


Лъакъуэ щӏэмыту щӏылъэм щызекӏуэ, дамэ темыту уафэм щылъатэ [53].


Лъакъуиплӏкӏэ зекӏуэ, дамитӏкӏэ лъатэ [53].


Лъэгу хъурыфэ, щӏыфэ джафэ. [53]


Лъэмакъыншэу къэзыкӏухь, хьэщӏэ къихьэмэ мытэдж, тэджми умыгъуэт [54].


Лъэнкӏапӏэ щӏэх, нэм и псэр ӏузых.


Лъэпкъым и щӏыпӏэ, щӏыпӏэм и лъапӏэ [53].


Лъэуэ-пкӏэуэ къэзыжыхь, зи шыр цӏыкӏур жыпкӏэ зыхь [53].


Лӏыжь цӏыкӏу шыгъубэшх.


Лӏыжьым и унащхьэ дыщэ баш телъщ [54].


Лӏым я фащэ, шым я унэ [54].


Мажьэ зезыхьэ, щхьэц зытемыт [53].


Мазэм хуэдэу хъуреибзэ, бзэгуу иӏэр дагъэ защӏэ, щӏым къыхэпщмэ дыгъэ къелъыхъуэ.


Мастэ зи куэд, ӏуданэ зимыӏэ [53].


главная > черкесские (адыгские) загадки > Зищ...-Мас...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz