главная > черкесские (адыгские) загадки > Жыгым фӏ...-Зи н...

Жыгым фӏэдза кхъузанэ, жьым зэрихьэ ӏуданэ [53].


Жыгыщхьэ матэ, тырхэ я тахътэ [53].


Жыгыщхьэм къырабз, бзэмыӏум къыхуахь.


Жыжьэрыплъэкӏэ пщӏэгъуалэ, къэблэгъэжмэ дакъэжь.


Жыжьэу щыту унэм йобакъуэ [54].


Жылэ изу кхъузанэ [53].


Жырым и быдэр зи бгъэгу, бийм и быдапӏэр зи гъуэгу [53].


Жьакӏэ хужь дадэ, ди къуршыжьхэм я тхьэмадэ [53].


Жьэм къыдокӏ, цӏыхум и гу ирех [54].


Жьыбгъэм кърихуэкӏ, уэшхи уэси къызыхэкӏ [53].


Жьырытэджу пасэу къаджэ, сабий цӏыкӏухэм яхуэбзаджэ [53].


Зэ и унэм къыщӏэкӏамэ абы зэи щӏэмыхьэж [53].


Зэ пшэр мэхъу, зэ уэд мэхъу, макъкӏэ унэр егъэхъей [54].


Зэи зи пащӏэр зымыупс, ӏупскӏэ зи напэр зылъэщӏ [53].


Зэкъуэшитху докӏуейри, быртӏым цӏыкӏу къапӏытӏ.


Зэкӏуэцӏалъхьэмэ - баш закъуэ, зэкӏуэцӏахмэ - зы щӏакӏуэ. [53]


Зэми щхьэгуэу зэми къуагуэу уэгур жэщкӏэ щӏэзыщыкӏ [53].


Зэпаупщӏу ящэ, къаупцӏыхьу яд [53].


Зэрымылъагъу зэгъунэгъуитӏ [53].


Зэшипщӏым джэдыгуитӏ ящыгъщ [54].


Зэшитӏым зы гъуэгу я зэхуакущ, зым зыр илъагъужкъым [54].


Зэшхэр зэрылъым къолъэлъ, щӏым хэхуэмэ щхъуэнтӏабзэу къокӏ.


Зэшыпхъуитӏыу зэлъэпагъыу илъ.


Здэкӏуэу зыри къыздимыкӏыж [54].


Зебыршэу зекӏуэ, къимыкӏуэту бэнакӏуэ [53].


Зежэм и гъунэ, гъунитӏ ӏэта [53].


Зекӏуэлӏыр зи щыгу, гъущӏыкӏэр зи лъэгу [53].


Зекӏуэм и лъэгу, лъэгурыдз кӏыхь. [53]


Зекӏуи зежи зезыгъакӏуэу, езыр земыкӏуэф [53].


Зепхьэнкӏэ тынш, убжынкӏэ гугъу [54].


Зи бжыгъэр дымыщӏэу пщӏэ хуэтщӏу къетхьэкӏ [53].


Зи бжыхьыр пхъафэ, зи тафэр хъар. [53]


Зи бжьакъуэр техукӏи зыфӏэмыӏуэху [53].


Зи бын псори дзыгъуащэ [54].


Зи вагъэ хужь, зи жылапхъэ фӏыцӏэ [54].


Зи дамэр зелъатэ, ауэ мылъэтэф. [53]


Зи гупэкӏэ дыд цӏыкӏу, зи щӏыӏу цей фӏыцӏэ, зи щӏагъ чэсей хужь.


Зи джанэр быдабзэ, зи щӏыфэр тӏатӏабзэ [53].


Зы джанэр удзыфэ, зы джанэр дыщафэ, щыстӏэщӏкӏэ сыкъелэ сэ сфӏэфӏыр зи жылэм [53].


Зы джани зыщамытӏагъэу джанищэ къызыщахыж [53].


Зи кур бахъэм – зи щхьэр хъей [53].


Зи кур фоупс, зи фэр ӏэщ ӏус [53].


Зи къежьапӏэр бгъузэ, зи ухыпӏэр бгъуфӏэ [53].


Зи кӏапэм укъеӏэм къэзыжыхь, ауэ унэм щӏэмыжыф [53].


Зи кӏапэр кӏыхь, зи дзапэр щхъухь [53].


Зи лэжьыгъэр нэрылъагъу, ауэ езыр умылъагъу [53].


Зи лъабжьэм псыжэр щыджэгу, зи щыгур сабий джэгупӏэ [53].


Зи лъэбжьанэр жаныбзэ, зи пащӏэкӏэр цӏырхъыбзэ [53].


Зи лъэр пхъэдакъэ, зи щхьэр гъущӏ пакъэ [53].


Зи лъэр пхъэм хэлъ, зи щхьэр пхъэм телъ. [53]


Зи макъым щӏылъэр къигъаджэ, зи хъуаскӏэр уафэм щыджэгу [53].


Зи щыгур мыкӏуэу, зи лъабжьэр зекӏуэ [53].


Зи щыгур мылылъэ, зи лъабжьэр мэзылъэ [53].


Зи пэ папцӏэ, зи кӏэ гъуанэ [54].


Зи пэр зекӏуэ, зи лъэр мыкӏуэ [53].


Зи пэр щимэ, зи кӏэр щӏэп [53].


Зи пэр ӏэдэ, зи щхьэр уадэ [53].


Зи сахуэр сэху [53].


Зи унэр зыкъутэу дунейм къытехутэ [53].


Зи унэр кӏыфӏ, зи ӏусыр фо [53].


Зи фэр банэ, зи пэр пцӏанэ [53].


Зи фэр плъыжьыбзэ, зи кур хужьыбзэ, уедзакъэмэ сырыбзэ [53].


Зи фэр телъу ягъавэ, фэр темылъу ягъажьэ [53].


Зи щхьэр гъурыджэ, зи дзэр щхъухь бзаджэ [53].


Зи щхьэр зекӏуэ, зи лъэр мыкӏуэ [53].


Зи щхьэр щӏымахуэ, зи лъабжьэр гъэмахуэ [53].


Зи щӏэр щӏэпхкӏи щӏэншэ мыхъу [53].


Зи ӏугъуэр мащӏэ, зи мафӏэр гуащӏэ [53].


Зикӏэ дыкъуакъуэу бгыкъур зиунапӏэ.


Зи кур мафӏэ, зи лъэр джафэ.


Зи къуэпс дуней псом лъэӏэс [54].


Зи теплъэр пхъы хужьыбзэ, ауэ дыгъэм игъэжабзэ [53].


Зи тепӏэныр техьэ-текӏ, ауэ зи пӏэм зэи къимыкӏ [53].


Зи щӏагъ бзухэр щызелъатэ, зи щыгу зежэр телъэтыкӏ [53].


Зил ӏэфӏыу зифӏ шыпсыр.


Зипэ гъущӏ, зищӏэ пхъэмбгъу, зызыгъэпщ, зызыгъэщхъ, фӏыцӏэр плъыжьыу ӏузылыкӏ.


Зипкъ щӏым щӏэлъу, зи щхьэц дунейм телъ.


Зи дамэхэр зыгъэуфафэу зипкъ изымычыф къуанщӏэ.


Зищхьэ гъуаплъэ зилъэ цӏу.


Зищхьэ щӏым щӏэлъу зипкъ дунейм тет.


Зищхьэр пхъэ кӏапэ блыным кӏэращӏэ, пэш гъэщӏэращӏэ.


Зи натӏэр уадэ, зи дзэпкъыр джатэ. [53]


Зи нэр къэмыплъэ, мыплъэу лъэтэф [53].


Зи ныбэм мафӏэр щыджэгу, уэгум щыджэгур зи губжь [53].


главная > черкесские (адыгские) загадки > Жыгым фӏ...-Зи н...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz