главная > черкесские (адыгские) загадки > Гъущӏ з...-Жыгым и ...

Гъущӏ зэрыдзэ бзэгу тедзэн [53].


Гъущӏ кӏапсэм ирижэ, зежэу умылъагъу [53].


Гъущӏ кӏапсэр зэпызыш, гъущӏ кӏапсэр къезышэх [53].


Гъущӏ лъэбжьанэбэ, вагъэ гъэщабэ. [53]


Гъущӏ плъа телъхьэпӏэ, гъущӏ уадэ теуапӏэ [53].


Гъущӏ тхьэгъу зэрыдзэ, шыуаныжь фӏэдзапӏэ [53].


Гъущӏыдзэ дзахъэ пхъэ зэпышхыкӏ [53].


Гъущӏыкӏэр зи тхьэмпэ, бжэгъушхуэр зи кӏапэ.

Гъущӏ тхьэмпэр зи напэ, бжэгъу гъурыр зи кӏапэ. [53]


Гъущӏым тешхыхь гъущӏыдзэ пхъашэ. [53]


Гъущӏынэ нэ зэв [53].


Гъущӏыпэр щӏыгум хэтӏащ, гъуджэкум хуэдэу мэлыд.


Дадэ жыпкӏэ кърихьэкӏ, нэмэз щӏыгъуэм зыхуеплъэкӏ [53].


Дадэжь и жьакӏэ мэуфафэри псы ӏуфэм ӏутщ.


Дакъэжьей гъуанибл [54].


Дамитӏ зелъатэ, жыжьэ мылъэтэф [53].


Дэкӏыпӏэм щызекӏуэ, дэкӏыпӏэм фӏэмыкӏ. [53]


Дэм и жылэр къизышхыкӏ, дафэр зи гъуэм къизыпхъыкӏ [53].


Дэп жьэражьэ яжьэ мыщӏ [53].


Ди бжэгъущхьэ джэд хужь цӏыкӏу тесщ [54].


Ди гуэн лъабжьэр щӏэзытӏыкӏ, сыт дымыщӏэм ткӏэрымыкӏ [53].


Ди гуэщ цӏыкӏу къаз шыр щӏэзщ, ауэ бжэр ӏуахами зыри къыщӏэмыкӏ. [53]


Ди гуэщыжьым щызеуэ, ди ӏэщ ӏусхэм ныхэуэ [53].


Ди гъунэгъу я бжэ къуагъ сыкъуэплъэри, нысащӏэ дахэ дэту къэслъэгъуащ.


Ди унащхьэ дыжьын къамэ кӏэрыщӏащ [53].


Ди унащхьэ сыдэплъеймэ, къэб хужь солъагъу [54].


Ди унащхьэ фалъэ ныкъуэ телъщ.


Ди унэ бжэщхьэӏу хьэ къарэ цӏыкӏу ӏусщ, дзакъэкъым, банэкъым, унэми цӏыху иригъэхьэкъым [54].


Ди чо хьэ дзакъэрей кӏэрылъщ [54].


Ди кхъуэщын тхъу изщ [54].


Димыгъусэу мыхъу, ауэ зыкӏи сэбэп мыхъу [53].


Дунейм лъэмыж плъыжь тралъхьащ [54].


Дунейм тет псори зыгъашхэр [54].


Дунейм тетым я нэхъ кӏыхь, куандэ кӏыхьым къыхэмыщ.


Дунейр зыгъэнэху, дунейр зыгъэхуабэ.


Дунейр къекӏухьри ди унэ къокӏуэлӏэж.


Дыгъэ гуащӏэм игъэлъатэ, щӏыӏэ уаем игъэдий [53].


Дыгъэ къепс хъумэ си гъусэщ, унэ сихьэмэ мэкӏуэдыж [54].


Дыгъэм зыдегъазэ, егъэзауэ къахьыж [54].


Дыгъэрыгъу псырыгъущӏэ, ӏэпхъуамбипщӏ, нэ пщыкӏуз.


Дыгъуэрабз убзэрей [53].


Дыжьын щӏыӏуу зэролъэлъ, къилъэлъым дегъэгуфӏэ [54].


Дыжьыныфэ фэ телъэлъ [53].


Дыхьэпӏэ бгъуфӏэ, дэкӏыпӏэ зэв [53].


Дыщэ пыӏэ нысащӏэ, хьэсэм щыщӏэращӏэ [53].


Джанэ зи куэд, бгырыпх зимыӏэ [53].


Джанэ куэд зыщыгъ, зытӏэщӏхэр зыгъагъ [53].


Джанэ удзыфэ, кӏапэ зелъафэ [53].


Джанэ хужьыфэ, ӏэлъэщӏ удзыфэ [53].


Джэд зыгъэхъухэм ящымыщ, ауэ джэдылкӏэ ерыщ [53].


Джэду тӏысыпӏэ, тӏысыпӏэ шордакъ [53].


Джэдыгу гъурыджэ, щхьэгъур балыджэ [53].


Джэдыгу зэдзэкӏа гъэпцӏакӏуэ [54].


Джэдыгу тедэ, тедэ ниплӏ [53].


Джэдыкӏэ плъыжьыбзэ шыр бацэ изыбзэщ [53].


Джэрэзу яхуапэ, джэрэзу ятӏэщӏ [53].


Дзэ зимыӏэу жыгым егъу, жыгым егъуурэ зыгъэгъу [53].


Дзэ имыӏэу мэдзакъэ, дэп имыӏэу укъес [53].


Дзэ уз зымыщӏэу дзэ куэд зыӏут.


Дзэм шэ закъуэкӏэ яхоуэ [54].


Езым хуэдиз бдзапцӏэ зыӏэт.


Езыр гъущӏ защӏэщ, щӏым хэтӏащ, щӏыр етхъу, етӏ, гъуджэм хуэдэу мэлыд.


"Ей" жызымыӏэ вакӏуэ.


Емынэ нэф, щӏы гъэуфэрэкӏ.


Жану ялъырей, пхъашэ кӏуэхэм здахьырей.


Жаӏэ псори зэхэзыхыу зыри жызымыӏэжыф [53].


Жэщ уэздыгъэ, губгъуэр зыгъэдахэ.


Жэщи махуи гъавэр ешхыр, ауэ шхэхукӏи нэхъ цӏыкӏу мэхъур [53].


Жэщи махуи емызэш, зэш зымыщӏэ ди вакӏуэш [53].


Жэщи махуи зежэ, зыдэжэр зымыщӏэ [53].


Жэщи махуи макӏуэ, зыщӏыпӏи мыкӏуэу дунейр къекӏухь.


Жэщи махуи псыжэм хэс, псыжэм хэсми емысыф [53].


Жэщкӏэ жьэгъуашхэ, махуэм шэ пэгун [53].


Жэщкӏэ щакӏуэ щабэрыкӏуэ [53].


Жэщкӏэрэ къонэху, укӏуэмэ къокӏуэ, ужэмэ къыбдожэ [54].


Жэщкӏэрэ цӏыхур егъафӏэ, махуэкӏэрэ зигъэфӏэжу щытщ [54].


Жэщым зеубгъу, махуэм зешыхь.


Жэщым къолъых, пщэдджыжьым долъей.


Жэщыр хъуамэ лъэтэрей, жейуэ хэлъхэм щыхьэрей [53].


Жейр къэзыгъэуш, къэушар зыгъэпӏащӏэ [53].


Жыг дакъэкъым, пхъэ къэбкъым, зегъэкъри щылъщ [54].


Жыг лъабжьэм егъу, гъущӏыдзэ гъур [53].


Жыгхэр зыгъэхъей, сабэр дэзыпхъей [53].


Жыгхэр зытӏэщӏ, щӏылъэр зыхуапэ [53].


Жыгыжь гъуанэр зи абгъуэ, ӏэгъэбэгур зи гъуэмылэ [53].


Жыгым и джанэ, джанэ жэбзэж [53].


главная > черкесские (адыгские) загадки > Гъущӏ з...-Жыгым и ...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz