главная > черкесские (адыгские) загадки > А-Гъущӏ б...

А зы мащэм зэшыпхъуиплӏ зэдогъэ [54].


Абджыр зи щыгу, мывэр зи лъэгу [53].


Абрэмывэм зегъазэри, купрауз къыщӏокӏ.


Адакъэ кӏагуэ, мэз хэгуо.


Адакъэ мыщу хьэщӏэщ кӏуэрей.


Адакъэ пщӏыпщӏ, анэ пщӏэгъуалэ.


Адакъэкӏэу къэгъэшауэ пшагъуэм хэт.


Адакъэкӏэу къэгъэша, къазшырыдзэу дэбзыкӏа.


Адрыщӏкӏэ лэгъуп цӏыкӏу къыщовэ.


Адрыщӏым узэпрыплъмэ, цеиплъ едзащ.


Адрыщӏым шыуан цӏыкӏу къыщовэ.


Ажэр бажэ зыщӏыр сыт? [53].


Алэрыбгъу хужьыбзэ, дыгъэм игъэжабзэ [53].


Алэрыбгъу щӏыхур зи щӏыфэ телъ, шындэ мэлыд, зи нэр лыду щӏым хэпщ.


Алэрыбгъур инщи, тхуэӏэткъым, мывэкӏэщхъыр куэдщи, тхуэщыпкъым.


Ар ди лъахэщ, ар дыдейщ, ди псэм хуэдэр... [53]


Ар и закъуэ зэи ямышх, ар хэмылъу лы ямышх [53].


Ар къэкӏуэну тхьэм долъэӏу, ауэ къакӏуэм зыдогъэпщкӏу [53].


Ар къыщыфэм зыкъегъэпщ, ар къэфамэ, мэпщэхыж [53].


Ар уимыӏэу зыри пхужымыӏэ.


Аркъэн фӏыцӏэшхуэрэ лыпцӏэ ӏыхьэшхуэрэ [53].


Бадзэуэгъуэм ӏэщ жьауапӏэ, къакӏуэ-накӏуэм я зекӏуапӏэ [53].


Балигъ хъуами ар мытхэф, ауэ псалъитӏ-щы жеӏэф [53].


Банэ матэ, банэ ӏэтэ, жьыбгъэ къепщэмэ зелъатэ [53].


Баш зыфӏадзэу псым хадзэж. [53]


Башыпэ кӏапсэ, кӏапсэпэ мастэ. [53]


Башыр зытеджагуэ, джэгухэр къэзыгъафэ. [53]


Бгыкъуншэ унэ [54].


Бгылъэр зи тэджыпӏэ, гуэлыр зи гъуэлъыпӏэ [53].


Бгырыпхыбгъуэ, лӏыбгъуэ кӏэщӏ.


Бгыщхьэм къыщыфэ, унащхьэм щыфий [53].


Бгъэныщкӏу пэтми хэмыз, ныбэ изи пхуэмыхъу.


Бгъэтӏылъмэ, далъэ, бгъэлъеймэ, даӏуэ.


Бгъэуцӏынмэ мэбэг, бгъэтӏэпӏмэ мэхъуанэ.


Бдзапцӏэм нэхърэ нэхъ хьэлъэщ, фом нэхърэ нэхъ ӏэфӏщ, уи щӏыб иплъхьэми пхуэмыхь, бэзэрым пхьами, ямыщэху.


Бжэгъу щхьэпэ ирокӏуэ, нэкӏу быртӏым [54].


Бжэр ӏуимыхыу унэм къыщӏыхьэ, бжэр ӏуимыхыу унэм щӏэкӏыж [53].


Бжыхьым и зы ӏыхьэ, ӏыхьэ ӏуахырей. [53]


Бжьакъуэ зэрыпщхьэу унэм щӏэпщхьэж [53].


Бжьакъуэ цӏынэ къупщхьэ джанэ [53].


Бжьамийр зыгъэпсалъэ, ди тхьэщӏапӏэм къыщыпсалъэ [53].


Бжьыхьэм къатӏу щӏатӏэж, гъатхэми къатӏу щӏатӏэж [53].


Бзэгу дыкъуакъуэ, ныбэгу лъакъуэ [53].


Бзэгу зимыӏэу къопсэлъэж [53].


Бзэгу зимыӏэу псэлъэрей, цӏыкӏуми инми ягъусэрей. [53]


Бзэгу зимыӏэу къэпсалъэ, ӏэ зимыӏэу пшынауэ [53].


Бзу шыритху зы абгъуэ исщ [53].


Блапцӏэ къарэ, къарэубыд.


Бостей удзыфэ, дыщафэ тхьэгъу [53].


«Бу» зымыгъэӏу мэкъушх [54].


Быдэу зэӏуащэу пщагуэм зэрещэ [53].


Быдэу къратыр щабэу зытыж [53].


Быдзыншэ быныфӏэ.


Былымым ифэ, лӏым и фащэ.


Быныр зыгъашхэу шхынылъэм дэпкӏэж [54].


Быныр зыгъэгуфӏэу, мафӏэр зыгъэункӏыфӏ.


Быныр къэзыгъатхъэу пхъэмбгъу хъурей [54].


Вагъэ гъэбатэ, батэр зыгъэш [53].


Вагъуэм зэпымыуэу пшэ къытрелъафэ, трелъэфыж [54].


Вагъуитӏым я ку ӏуащхьэ дэтщ [54].


Выгуи шыгуи щыземыкӏуэ, унищэ зекӏуапӏэ. [53]


Гуахъуэ зимыӏэу ӏэмбатэр зыӏэт [53].


Гупсысэ зимыӏэу жаӏэр жызыӏэж [53].


Гуринэ, гуринэ, къэфэнкӏэ емынэ, гуринэ, гуринэ, фиинкӏэ ерыщ [53].


Гъатхэ пасэ накъыгъэ, уэс щӏагъым щыгъагъэ [53].


Гъэм щифӏыгъуэ, гъавэр щыбагъуэ зэман [53].


Гъэмахуэм ихуапэ, щӏымахуэм итӏэщӏ [53].


Гъэмахуэм къуакӏэм щызежэ, щӏымахуэм къуакӏэм щыжей [53].


Гъэмахуэм хъущӏэрей, щӏымахуэм сабырӏей [53].


Гъэмахуэм яжьафэ, щӏымахуэм хужьыфэ [53].


Гъэми щӏыми пыӏэ хужь, ди къуршыжьхэм я нэхъыжь [53].


Гъэсын псоми епсынщӏэкӏ, мафӏэ гуащӏэ къызыхэкӏ [53].


Гъэшауэ щыс, щысу къэзыжыхь [53].


Гъэшхэкӏым и быдэ, чей быдэжьым ибзахэ, кърахыжым - гъуэмылэ. [53]


Гъуагъуэрэ цӏычэу, хъуаскӏэр къыпылъэлъу.


Гъуанибл зиӏэ матэ, матэ ӏэта гуэр [53].


Гъуэгу набдзэ удзым цы мыуда хэлъщ [54].


Гъуэгу набдзэм джатэ иха телъщ.


Гъуэгу набдзэм лъы пцӏа хэлъщ.


Гъуэгу нашэкъашэрэ лы ӏыхьэ пшэрырэ.


Гъуэгум и зы ӏыхьэ, ӏыхьэ къэӏэта [53].


Гъуэлъыпӏэ, зекӏуэ, зекӏуэ мыкӏуатэ. [53]


Гъукӏэм къигъэш лъэгущӏыхь гъэша [53].


Гъущӏ быдабзэм къыхащӏыкӏ, ди сэр жану щӏэзылъыкӏ. [53]


главная > черкесские (адыгские) загадки > А-Гъущӏ б...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz