Зыкъысщыбгъэпщкӏуми, мыбы зэ укъекӏуэлӏэжынкъэ?
Хъуэжэ и щӏыхуэ зытелъ гуэрым зыкъыщигъэпщкӏуурэ щӏыхуэр къритыжтэкъым. Щӏыхуэр къыӏихыжыну кӏэлъыкӏуэху, зримыгъэгъуэтурэ Хъуэжэ и щхьэр иригъэужэгъуат. Хъуэжэ кӏуэри кхъэм дэтӏысхьащ.
- Зыкъысщыбгъэпщкӏуми, мыбы зэ укъекӏуэлӏэжынкъэ? - жиӏэри.
Къезыгъэхьар @zhygue