главная > жемчужины фольклора

 
Жьуджалэ хэшэнщ
 

Зэныбжьэгъуитӏ щыӏэт. Зыр хьэрэмт, зыр хьэлэлт. Хьэлэлым фыз дахэ иӏэт. Ныбжьэгъу хьэрэмыр а фызым ехъуэпсэжри и лӏыр иукӏыу фызыр къишэну мурад ищӏащ.

Арати, гъэпцӏагъэкӏэ иукӏыну ӏэщэншэу щӏыпӏэ нэщӏым иришащ.

- Сумыукӏ, къыпхуэгъункъым, жиӏащ лӏы хейм.

- Хэт дыкъилъагъурэ, ихъуреягъкӏэ псэ зыӏут щыӏэкъым, узэрызукӏыу къысхуэгъуагъэххэщ, - жиӏащ лӏы хьэрэмым.

- Зыми дыкъимылъагъуми, жьуджалэ хэшэнщ, - жиӏащ хьэлэлым.

Арати, лӏы хейр и ныбжьэгъу хьэрэмым а щӏыпӏэм щиукӏри а здэкӏуам къыщаукӏа хуэдэу, хьэдэр щӏилъхьащ, хьэдэ хуэӏухуэщӏэхэри хуищӏащ. Зэман щыдэкӏым, фызым иужь ихьэри къишащ.

Махуэ гуэрым лӏым зигъэукӏурияуэ гъуэлъыпӏэм илъу, фызыр абы и лъапэмкӏэ къыщысу здэуэршэрым, жьышхуэ къыкъуэури бжэр къыӏуиудащ, жьым къихьурэ жьуджалэ унэм къыщӏэукӏуриящ.

Жьуджалэр щилъагъум, лӏыр «хьыӏ» жиӏэри дыхьэшхащ.

- Ущӏэдыхьэшхар къызжеӏэ! - жиӏэу фызым щыхигъэзыхьым, лӏым зиумысыжын хуей хъури ӏуэхум и пэжыпӏэр жиӏэжащ.

- Атӏэ, уэ си лӏыр букӏыу гъэпцӏагъэкӏэ сыкъэпшэжауэ ара? - жиӏэри фызым сэшхуэ фӏэдзар кърилъэфри лӏыр иукӏыжащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz