главная > жемчужины фольклора

 
Урыс инэралымрэ пащтыхьымрэ хуаусар
 

Адыгэхэр я гурэ я псэкӏэ усакӏуэ хьэзырт, я хъуреягъкӏэ ялъагъу дэтхэнэ зыми хуэусэрт, псоми гу лъатэу, набдзэгубдзаплъэу щытт. Урыс инэралыр япэу щалъэгъуам, абы и дуней тетыкӏэм кӏэлъыплъри, мыпхуэдэу хуэусащ:

Уэ, инэралыжьыу лӏы благъуэ,

Благъуэ щӏыкӏэ лӏы щӏыкӏафӏэ лӏыфӏ ябгэ,

Зэрабгыжыр уи къалэщ,

Пхъэгъу къалэри къогъэщӏ,

Щӏытӏыр куууэ къогъэтӏ,

Тӏы бэрагъуэр уи нышщ.

Нышыр жылэм къыхах,

Жылэм къашэр уи фадэщ.

Къагъэдыдыр уи хывщ,

Хывым и вейр зэбохьэ,

Хьэ мэжаджэр уи ӏусщ.

Къэсым щхьэщэ къыпхуещӏ,

Къыпхуэзымыщӏыр уи бийщ.

Уи щтэращтэр къэхьпэщ,

Уи къэхьпэхэр джэгуэнщ.

Гуэн уимыӏэу ужылэщ,

Лы умышхыу унэщӏщ,

Нэщӏыр уи ауанщ.

Унэр уи хьэщӏэщщ,

Уи унапӏэр гъуэгуанэщ,

Гуанэпщӏанэр уи щӏыфэщ,

Уи фэр ӏувщ,

Вы къарур ппкъырылъщ.

Уи лыр шэсыпӏэщ,

Уи пкъыр уӏэгъэщ.

Уи щыгъыныр хьэхущ.

Пхуэдэр зумыпэс,

Пхуэмыдэр уи ижэгъущ.

Жэщым укъэрагъулщ,

Гъэрыр уи ауанщ,

Уанэр уи пӏэщхьагъщ.

Уи пӏэр гъурщ,

Уипкъ гъурыр жырщ.

Жырыр уи джатэщ,

Уи джатэжьыр уи лӏыгъэщ.

Уи къалэныр зауэнщ.

Ӏэнлъэ къуапэр къогъэжьгъыжьгъ.

Уи ахъшэ жьгъейр къолъэлъ,

Зэрылъэлъыр уи щӏыӏущ.

Уи гущӏыӏум ирикӏуэм,

Уи къулыкъур зэфӏэкӏащ.

 

Мы усэр къытжиӏэжауэ щытащ Къэхъун къуажэм щыпсэуа, зи хьэдэрыхэр дахэ хъун Тамбий Хьэблацэ.

 

Урысейм Къэбэрдейр къизэууэ, адыгэхэр егъащӏэ лъандэрэ зэрыпсэуа хабзэр икъутэу, урыс администрацэм езым и хабзэкӏэ псэун хуейуэ щигъэувым, ар куэдым я гу техуакъым. Абы хуэпсалъэу, хуэусэу щӏадзащ.

Ботэщей къуажэбгъумкӏэ гъущӏ гъуэгур блашри, Тэрч къалэ яшащ. Жьэпкъ мэзыжьыр а гъущӏ гъуэгумкӏэ ирашэхыу, мафӏэгур щыблигъэжкӏэ игъэкӏийрэ сабий жейхэр къыхигъэщтрэ игъагъыу щалъагъум, абы хуэусэн хуей хъуащ.

Зэгуэрым джэгуакӏуэ Абазэ Къамбот и ныбжьэгъу лӏыжьхэм яхэсу къуажэбгъум здэщысым, мафӏэгур игъэкӏийуэ блэжащ. Ар щилъагъум, гукӏэ зэхилъхьа мы усэр жиӏащ:

Си щхьэр зи жагъуэр иджырей зэманым къаулъху,

Мылъхуэжыныр пащтыхь фызхэм къахукӏуэ!

Зекӏуэ щӏалэр къэзакъыжьу къегъасэ,

Дызэрысым дрихуну къоныкъуакъуэ.

Пасэрейм зы псалъэфӏ къащӏон.

Пӏалъэ имыӏэу маршыниблыр зэблож.

Къыблэжыхукӏэ жьакӏэбгъуитӏыр къотхъух.

Къегъэкӏийри щӏалэ жейхэр къегъагъ.

Зы гъэ ныкъуэм Жьэпкъ мэзыжьыр къаух.

Бжыхь зымыхум пэ лъэныкъуэр фӏатхьэкъу.

Дыуэркъыну дэ ди гуащӏэр хунэскъым.

Зы гъэ псом гъуэншэдж закъуэкӏэ долажьэ.

Лӏыжьу диӏэр щхьэхуимыту зэрахуэ.

Ди писырхэм джэд чэзухэр къырат.

Щӏы зратам фошыгъу шей къреф.

Ди ныбафэр фадэ ӏувым къыпхеш.

Старшынэщӏэм фэкӏэ зищӏу къытхохьэ.

Тхылъыр къахьым, екӏуэлӏэн къытхэкӏкъым.

Тэрч дынокӏри сом зытӏущ къыдохь,

Къэтхьа тӏэкӏур подэт ахъшэу хыдолъхьэ.

Ӏэрымылъхьэу мэл укӏын къыдащэркъым.

Ботэщей тӏэкӏур щӏы пщэдыкъым фыщысщ.

 

Зыжриӏа гупым Къамботыр и усэмкӏэ я гум къишхыдыкӏащ. Усэр псынщӏэ дыдэу псоми зэлъащӏысащ.

"Мылъхуэжыныр пащтыхь фызхэм къахукӏуэ" жиӏэу Къамбот пащтыхьым зэребгар урыс тетым деж нэсащ. Тетыр фитоным зригъэщӏеикӏыу ису къэсри Къамботыр ириджащ.

"Къамбот игъэкӏуэдыну тетым ириджащ" жиӏэри, фызыр хьэблэм яхэлъадэри, къызэщӏиӏэтащ. Къамбот жиӏар ищӏэжырти, мыпӏащӏэу тӏысри, и щхьэ джабэ лъэныкъуэр джафэу иупсщ, адрей лъэныкъуэр зэрыбэлацэу къигъанэри, къеджам деж кӏуащ.

Къуажэр псори жьыи щӏэи зэхуэсарэ, къаувыхьауэ тетыр зи хуэдэм еплъу зэхэту, джэгуакӏуэр яхыхьащ.

Адыгэхэм зым и пащхьи я пыӏэ щыщхьэрах хабзэтэкъым, ауэ Къамбот тетым и пащхьэм иувэри и пыӏэр щхьэрихри щхьэщэ хуищӏащ.

Къамботым и щхьэ джабэ лъэныкъуэр къабзэу упсауэ, адрей лъэныкъуэр бэлацэу щилъагъум, тетыр къыщиудри ину дыхьэшхащ, и губжьри теужащ.

"Сыт апхуэдэу щӏэпщӏар?" жиӏэу къыщеупщӏым, Къамбот жиӏащ:

- Си щхьэр сыупсу сыщысу, "тетыр къоджэ" жаӏати, "къоджэр нэхъыжьщ" жысӏэри, си ӏуэху ныкъуэщӏэр къэзгъанэри сыкъэкӏуащ.

Тетым къыгурыӏуащ Къамбот зэрыджэгуакӏуэр. "Молодец, Камбот!" жиӏэри, тетыр фитоным итӏысхьэжри, дэжыжащ.

Апхуэдэу джэгуакӏуэри а ӏуэхум къелауэ щытащ.

Мыр дэ дигъэтхауэ щытащ Къамбот и адэкъуэшым и къуэ Хьэудий 1949 гъэм. А гъэ дыдэм Адыгейм дынэсауэ, Къамбот и усэр уэрэду дигъэтхащ Хъущт Ибрэхьим.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz