Тхьэрыӏуэ хъуамэ, дыхэкӏащ
Дыгъу ӏуэхукӏэ ягъэкъуаншэу щӏалэ гуэр судым иратат. ӏуэхур къыщаӏэтыну махуэмрэ зэрыхэплъэну щӏыкӏэмрэ зригъэщӏауэ и адэр къыдыхьэжри:
- Уи ӏуэхур, щӏалэ, тхьэрыӏуэкӏэ ящӏынущ! - щыжиӏэм:
- Тхьэрыӏуэ хъуамэ, дыхэкӏащ, ди адэ, - жиӏэри щӏалэр гуфӏащ.
Пэжыгъэ зыхэмылъ цӏыхум хужаӏэ.
Къезыгъэхьар @zhygue