главная > жемчужины фольклора

 
Тӏысыпӏэмрэ унафэмрэ пщым ейщ, хабзэмрэ лӏыгъэмрэ уэркъым ейщ
 

Иг´ы Наурызыкъуэр зекӏуэ кӏуэу, уэркъ шуhэр игъусэу зы псышхуэ ӏухьас, псышхуэ, к´эзуурэ ирахулӏэри, зыри х[э]хьэфаӏым псым, шуhэр. Наурыз и къуэр губжьс, и шыр мыбыкӏэ игъатхъуэс, мыткӏэ къигъатхъуэс аби:

- Уэлеhи, уэркъ щауи шу мыхъун, мыжьыкъ алащи шы мыхъун! - жиӏыри, псым хэпкӏэс аби, з[ы]кӏуэцӏырысыкӏас, мыдрейhэри кӏэлъыхэпкӏэс аби зыкӏуэцӏырысыкӏри, къэкӏуэжа нэужьым ар яӏуэтэжас, "Наурызыкъуэм мыр жиӏат, мыхуэду хъуат" жари.

Арикӏ зы уэркъ щӏалэ зы кӏэлъыкӏуэ щхьэкӏуэ ищӏас, "уэлеhи, Наурызыкъуэм уэркъ щауэ шу хъурэ мыхъурэ езмыгъэцӏыхуауэ сэ мы хэкум симысын!" жери...

Наурызыкъуэр зекӏуэ кӏуау, къэкӏуэжрэ пэткӏэ, а къызэрыкӏуэжыну лъагъуэр - шузакъуэ лъагъуэкӏэ къэкӏуэжынути - ар зэригъащӏэри, занщӏэу япежьэс аби, а Наурызыкъуэм и шыщхьэр иригъэкъуас.

- Ей ӏэу! Пщӏэр сыт? Мыр Наурызыкъуэрас, дэх! - жраӏас и гъусэhэм, арщхьэкӏэ абы жаӏэhэм едэӏуэнутэӏым, щӏалэр щӏалэ з[ы]кӏэлъыкӏуэт, лӏыгъэ хэлът.

- Уэлеhи, Наурыз и къуэ, уэркъ щауэ шу мыхъуу, мыжьыкъ алащэр шы мыхъуу жыпӏаси, е уисщӏыкӏынурэ сыблэкӏынум, е сипщӏыкӏынурэ ублэкӏынум, дызэримыщӏыкӏауэ з[ы]блэкӏ димыӏэ!

Адрейhэр я зыхуакум къыдыхьэри:

- Уэлеhи, фызыридмыгъэщӏыкӏын, мыр зы жылэс! Зы унафэ къыфтращӏыхьынс, уэлеhи, ар мыхъун! - жари я з[ы]хуакум зыкъыдадзэс аби... Зэрыукӏынут, "е уисщӏыкӏынурэ сыблэкӏыну, е сипщӏыкӏынурэ ублэкӏынус" жриӏатэӏэ... Ар къэкӏуэжhэри, жылэр з[ы]хуэсс аби, унафэмрэ тӏысыпӏэмрэ пщым еу, хабзэмрэ лӏыгъэмрэ уэркъым еу, ӏыхьэу ягуэшас.

Къыздитхыкӏар: 69
 

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz