главная > жемчужины фольклора

 
Сыкъэушмэ, пщӏыхьэпӏэт!
 

Абрэдж гуэр гупым яхэсу игъэхъахэр яхуиӏуэтэж пэтрэ старшынэр хьэщӏэщыбжэм ӏухьащ. Абрэджым и псалъэ макъыр щызэхихым, щӏэмыхьэу бжэм кӏэрыувэри кӏэщӏэдэӏухьащ. Абрэджым иӏуэтэжырт пащтыхьым и тетхэм я бийуэ зэрихьа лӏыгъэхэр, полицейхэм зэрайзэуар, зэраӏэщӏэкӏар.

«Мис иджы гупыр щыхьэту къэзумысащ абрэдж хахуэр» жиӏэу старшынэм бжэр ӏуихри щӏыхьащ, абрэджыр старшынэм къыӏуплъэри къызэредэӏуар зэуэ къищӏэри:

- Сыкъэушмэ, пщӏыхьэпӏэт! - яжриӏащ зи жьэ ущӏауэ къедаӏуэ гупым.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz