главная > жемчужины фольклора

 
Сыфщыукӏытэри зызгъэпщкӏуат
 

Жэщ гуэрым Хъуэжэ и унэм хъунщӏакӏуитӏ къыщӏэхьащ. Хъунщӏакӏуэхэр къыщӏэхьэу щилъагъум, Хъуэжэ шынэри, гъуэлъыпӏэ щӏагъым щӏэпщхьащ. Хъунщӏакӏуэхэм унэм къадыгъу хъун зыри щагъуэтакъым. Гъуэлъыпӏэ щӏагъым щыщӏэплъэм, щтэӏэщтаблэ хъуауэ абы щӏэс Хъуэжэ къалъэгъуащ:

— Слӏожь, ягъэщта джэдуужь хуэдэу уи нэр цӏууэ мыбдежым щхьэ ущӏэс? - жиӏэри хъунщӏакӏуитӏым языр къыщӏэкӏиящ Хъуэжэ.

— Си унэм щӏэфхын зэрыщывмыгъуэтам папщӏэ сыфщыукӏытэри зызгъэпщкӏуат, зисхьэнхэ, - жиӏэри, укӏыта хуэдэу Хъуэжэ фэ зытригъэуауэ къыщыщӏэпщыжым, хъунщӏакӏуэхэр укӏытэри щӏэжыжащ.

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz