Согъэпцӏ, мышыуи жысӏэнщи, шыугъи жысӏэнщи, сыныщӏэлъэдэнщи си пыӏэри къыщӏэзмыхыжмэ!
Щӏалэжьыр ӏейуэ и фызым щышынэрт. Зэгуэрым шхэуэ здэщысым:
- Хьэнтхъупсыр мышыущ, - жиӏащ щэху дыдэу.
- Сыт мышыущ жыхуэпӏэр? - жиӏэу кӏийуэ и фызыр къыщыбгъэдыхьэм, щӏалэжьыр шынэри къыщыщӏэжым, и пыӏэр щхьэрыхуащ.
Бжэӏупэм деж увауэ жиӏэрт:
- Согъэпцӏ, мышыуи жысӏэнщи, шыугъи жысӏэнщи, сыныщӏэлъэдэнщи си пыӏэри къыщӏэзмыхыжмэ.
Къезыгъэхьар @zhygue