Си пщыгъэм нэхърэ уи лӏыгъэр сиӏащэрэт
Зэгуэрым Жанхъуэтыкъуэ Кушыку шу гъусэхэр иӏэу гъуэгум здэкӏуэм и къуажэм дэсхэм ящыщ лъхукъуэлӏ гуэр Кушыкур здэкӏуэмкӏэ къикӏыжу къыхуэзащ.
Зэрыхабзэти, пщым щыхуэзэм, игъэкӏэрахъуэри и сэмэгурабгъумкӏэ бгъурыувэри дежьащ, дэкӏуэтэну.
Пщым «гъэзэж» къыжримыӏэурэ кӏуэрт. Лъхукъуэлӏми пщым и гъусэу кӏуэн и жагъуэт.
Пщым зыри жимыӏэххэ щыхъум:
- Слӏожь, Жанхъуэтыкъуэ, «гъэзэж» жыпӏэркъыми? Сыӏуэхуншэ уи гугъэ? - жиӏэри и шым еуэри пщым и гъуэгур зэпиупщӏу къыпижыхьри къигъэзэжащ.
Пщы уэлийр лъхукъуэлӏым къыкӏэлъыплъри, жиӏащ:
- Си пщыгъэм нэхърэ уи лӏыгъэр сиӏащэрэт!
Къезыгъэхьар @zhygue