Си анэм зэрыжиӏэу сумыщӏу, си фызым зэрыжиӏэу сыщӏ
Щӏалэ гуэрыр шэсу дэкӏыху:
- Ялыхь, си анэм зэрыжиӏэу сумыщӏ, си фызым зэрыжиӏэу сыщӏ! - жиӏэрт.
- Сыт апхуэдэу щӏыжыпӏэр? – жери щӏалэм и гъусэр егиящ.
- Анэ мыгъуэр гумащӏэщи, сежьамэ, сыкъэмысыжын фӏощӏ. Абрэджхэм сыкъаукӏыу, хьэм сашхыу, псым ситхьэлэу жеӏэри щысщ. Си фызым хъугъуэфӏыгъуэхэр къысхуихьынурэ къэкӏуэжынущ жеӏэри гуфӏэу къыспоплъэ, - жиӏащ щӏалэм.
Къезыгъэхьар @zhygue