главная > жемчужины фольклора

 
А, сызрашэкӏын, шыуаным зришэкӏыу къысхуишащ
 

Зы унагъуэ гуэрым нысэфӏ дыдэ къашащ. Нысэр бэшэчт, тэмакъкӏыхьти, тралъхьэр и хьэлъэ мыхъумэ, зэи къэгубжьтэкъым.

- Мы ди нысэр зэ нэхъ мыхъуми къэзгъэгубжьынщ! – жиӏэри пщыкъуэ нэхъыщӏэр мэз кӏуэри пхъэуэ щӏэтым нэхъ къуаншэлъаншэхэр къыхуишащ. И пщыкъуэм пхъэр икъутэри бжэкъуагъым къуэувэжащ.

Нысэм шыуаныр пилъэри пхъэр къыщӏихьащ. Пхъэ къуаншэбыншэр шыуаным щыхущӏэмыгъэзагъэм:

- А, сызрашэкӏын, шыуаным зришэкӏыу къысхуишащ, - жиӏащ къэмыгубжьу.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz