главная > жемчужины фольклора

 
Шхури сошхри, шатэр тызошхыхьыж
 

Джэгуакӏуэр унагъуэ гуэрым я деж кӏуауэ гушыӏэу здэщысым, унэгуащэр къеупщӏащ:

- Шху пшхын, хьэмэрэ шатэ пшхын? - жиӏэри.

- Шхури сошхри, шатэри тызошхыхьыж! - жиӏащ джэгуакӏуэм.

Ерыскъыр ӏэнэм къытримылъхьэу «Сыт пшхын?» жиӏэу щӏэупщӏэр ауан иращӏу псэлъафэр къэнащ.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz