главная > жемчужины фольклора

 
Щхьитӏу дыкъыхощ, нищу дыкъыхоплъ!
 

Хъурыфэлъей и къуэ Инал нэ лъэныкъуэ нэфт, икъукӏэ фыз дахи иӏэт.

Пщэдджыжь гуэрым, зэлӏзэфызыр къэмытэджауэ зы пӏэм хэлъу, Тамбий и къуэ Къэбардэ щӏыхьащ. (Иналыр пщыт, Къэбардэр абы и уэркът. Иналыр лӏыжьт, Къэбардэм и щӏалэгъуэт.)

Зэлӏзэфызыр къэмытэджауэ щарихьэлӏэм, Къэбардэм къыщӏэкӏыжыну къигъэкӏэрэхъуэжащ.

Иналым къеблагъи-неблагъи жиӏакъым, ауэ фызыр къэпсалъэри:

- Умыгъэзэж, Тамбий и къуэ, узытемыхьэ щӏэскъым. Щхьитӏу дыкъыхощ, Нищу дыкъыхоплъ, Иджыпсту дыкъэтэджынщ, - жиӏащ илӏ нэ лъэныкъуэ нэфыр ӏэуан ищӏу. Иналми къыгурыӏуащ и фызыр къызэрыхуэмыарэзыр.

- Си фызыр къохъуэпсащи, Тамбий и къуэ, иджыпсту и ӏэпэр убыди, здыщӏэши кӏуэж! Икӏэщӏыпӏэкӏи си хэкур фыбгынэ! - къыжриӏэри и фызыр къритри къиутӏыпщыжащ. Фызыр и гъусэу Тамбий и къуэ Къэбардэ Инал и хэкур къибгынэри Къэбэрдей хэкум къэкӏуауэ жаӏэ.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz