главная > жемчужины фольклора

 
Щхьэр хъужмэ, ныбэр узыжынкъым
 

Индрис махуэ гуэрым Хъуэжэ деж къыщӏыхьащ:

- Уа, Хъуэжэ, си ныбэр схуэбгъэхъужтэмэ… Дыгъуасэ кӏапэ мывэрэ пхъэщхьэмыщхьэ цӏынэрэ сшхати, ныбэ уз сищӏауэ нэху щыху сигъэжеякъым, хущхъуэ гуэр уимыӏэу пӏэрэ? - жиӏэри.

Хъуэжэ нэмэз щыгъэр къищтэри, зыгуэрхэр щэхуу къибжурэ, Индрис и щхьэм епщэу щӏидзащ.

- Зи узыгъуэ кӏуэдын Хъуэжэ, си щхьэм лажьэ иӏэкъым, си ныбэращ узэпщэнур, - жеӏэ зи ныбэ къыхэлъадэ Индрис.

- Сызэпщэр сэ сощӏэр. Ныбэм сыт и лажьэ, лажьэ зиӏэр зэдэпшх хъунумрэ мыхъунумрэ зэхэзмыгъэкӏыфар арщ. Щхьэр хъужмэ, ныбэр узыжынкъым, - жиӏащ Хъуэжэ.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz