Щакӏуэл гуэшыкӏэ
Зэгуэрым аслъэныр, дыгъужьыр, бажэр щакӏуэ зэдэкӏуащ. Куэдрэ щэкӏуа, мащӏэрэ щэкӏуа, сытми, шэджагъуэ нэблэгъауэ зы щыхь, зы бжэн, зы тхьэкӏумэкӏыхь къаущэкӏуащ. Ахэр яшхыну зэхэтӏысхьэжауэ здэщысым, аслъэным жиӏащ:
– Иӏэ, дыгъужь, къэтщэкӏуахэр гуэш, уэ нэхъ пщӏэнщ хэт сыт лъысыпхъэми.
– Ди пащтыхьышхуэ! Сыт дгуэшу бэлыхь щӏыттелъынур, ахэр езыхэр гуэша хьэзыру щыткъэ? Щыхьыр псом нэхърэ нэхъ инщи, ар уэ, зи щӏыхьыр ин, уи ӏыхьэщ, абы кӏэлъыкӏуэр бжэныращи, ар си ӏыхьэщ, къэнар тхьэкӏумэкӏыхь цӏыкӏуращи – ар бажэм лъырес, езым хуэфэщэпсщ.
Апхуэдэ гуэшыкӏэм аслъэныр къигъэлыбри апхуэдизкӏэ дыгъужьым еӏати, зэ уэгъуэм дыгъужьыпсэр хьэршым нигъэсащ. Итӏанэ бажэм жриӏащ:
– Гуэш, бажэжь цӏыкӏу, къэтщэкӏуар!
– Зи щӏыхьыр ину ди пащтыхьышхуэ! Лӏо дгуэшу апхуэдиз бэлыхьым дыщӏыхэтыр? Щӏэдгуэшын лъэпкъ щыӏэкъым! Зи щӏыхьыр ин, уэ уи шэджагъуэ шхэгъуэр къэсащ, абы нэмыщӏкӏи щэкӏуэным уригъэшащи, уеуэнщи щыхьыр пшхынщ, тӏэкӏу дэкӏрэ зыбгъэпсэхум, бжэныр тепшхыхьыжынщ, сыт щыгъуи хабзэщ ушхэрэ тӏэкӏу зыщӏэбгъэпсэхуэжа нэужь, шхыным гур нэхъ хуэкӏуэу. Бжэныр пшхырэ тхьэкӏумэкӏыхь цӏыкӏур тепшхыхьыжмэ, сытым хуэдэу нэгузыужьу къэпкӏухьыну!
Бажэм и гуэшыкӏэр ӏыхьэлейм икӏауэ аслъэным игу ирихьащ икӏи еупщӏащ:
– Уа, бажэжь цӏыкӏу, хэт уригъэса апхуэдэу щакӏуэлыр тэмэму зэрагуэш щӏыкӏэм?
– Дыгъужьым и щыуагъэм, зи щӏыхьыр ин.
– Сэ псори сшхыжмэ, уэ лӏо пшхынур?
– Зи щӏыхьыр ин ди пащтыхьышхуэ, сэ лы сфӏэфӏкъым, сэ схурикъунщ уэ къол къупщхьэлъапщхьэхэри.