Шабзэкъур сыткӏэ къэпщэхуа?
Лӏыжь тхышэр уэрамымкӏэ блэкӏ пэтрэ, щӏалэ гурбияным щилъагъум:
- Уэ, тхьэмадэ, шабзэкъур сыткӏэ къэпщэхуа? - жиӏэри ещащ.
- Ей, си щӏалэ, си щӏалэ, тхьэм фӏыкӏэ унигъэс, уэри си ныбжь унэсмэ, зыри щӏумыту къыуатынщ, - жиӏащ лӏыжьым.
Къезыгъэхьар @zhygue