главная > жемчужины фольклора

 
Сэ напитӏ сиӏэкъым - мыбы зы щыжысӏэу, абы нэгъуэщӏ щыжысӏэу
 

Хьэрун зыгъэлӏэну узыр къеуэлӏауэ хэлът. И гъащӏэм и кӏуэцӏк1э Хьэрун зэи жиӏатэкъым, алыхь щыӏэщ, жиӏэу.

Хьэрун хьэлъэ дыдэ щыхъум, лӏыжьхэр щӏыхьащ ӏичрам кърагъэхьыжыну.

- Иджы унихьэсыпащ, Хьэрун, ӏичрам къэхьыж. Алыхь зэрыщыӏэр уи фӏэщ щӏы! - щыжаӏэм:

- Сэ напитӏ сиӏэкъым – мыбы зы щыжысӏэу, абы нэгъуэщӏ щыжысӏэу. Щыӏэкъым жысӏащи, щыӏэкъым! - жиӏащ Хьэрун.

Къезыгъэхьар @zhygue
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz